Статьи на кабардинском языке

ЛЪЭПКЪ ХАБЗЭХЭМРЭ ЩЭНХАБЗЭМРЭ ЗЫЩАГЪЭГЪУАЗЭ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, щэкIуэгъуэм и 4-м, ВДНХ-м къыщызэIуаха «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэм щагъэуващ Кавказ. РФ хъыбарегъащIэ плIанэпэр. 

ДАХАГЪЭР ЗЭБЭКI ЖЭЩ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейр «Гъуазджэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хэтащ. Иджырейр къызэрагъэпэщащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ.

ГЪУАЗДЖЭЩ, ЩIЭНЫГЪЭЩ, СПОРТЩ

Шахматхэр къытехъукIащ VI лIэщIыгъуэм щыIа «чатуранга» пасэрей индие джэгукIэм. СанскриткIэ абы «дзэ лIэужьыгъуэу плIы» жиIэу къокI, лъэсыдзэр, шууейр, пылхэр, шыгухэр хиубыдэу. Шахматым деж ахэр къыщыгъэлъэгъуащ мыпхуэдэу: лъэс, шы, пыл, ладья. Чатурангэм джэгу хъурт цIыхуиплI. VII лIэщIыгъуэм джэгукIэр Къэжэрым нэсащ, «шатранджкIэ» еджэу. Къэжэрыбзэращ «шахмат» фIэщыгъэри къызытехъукIыжар.

АДЫГЭ ФАЩЭР БГЪЭХЭIУУ ЗЫЩI IЭПЭIЭСЭ

Хьэпэ-Джэдгъэф Аминэ дзэм еIэзэ дохутырщ. ФIыуэ илъагъу IэщIагъэм щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Пщащэм дзэм еIэзэным хелъагъуэ гъуазджэм щыщ гуэр, ар гъэдэхэныр, захуэ щIыныр, егугъуныр творческэ Iыхьэу ебж. Аминэ хьэпIацIэщыгъэхэмрэ мывэ щыкъуей зэмыфэгъухэмрэ цIыкIуфэкIухэр къыхэзыщIыкI, хэзыдыкI IэпэIэсэщ, сурэтыщIщ, къэфакIуэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэми дехьэх.

КЪРУХЭР

рассказ
Бжьыхьэт…

ЩЫIЭ МАРДЭМ КЪОТIАСЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, КъБР-м и «Россельхозцентр»-м и IэщIагъэлIхэм мы махуэхэм къапщытэ рапс, сэхуран, сое жылапхъэхэм я фIагъхэр. Дагъэ къызыщIаху къэкIыгъэхэм ящыщу республикэм нэхъыбэу къыщагъэкIыр ахэрщ. 

БЛАГЪУЭУ ПIЭРЭТ?

Мы Iуэхур къыщызэхъулIар Граждан зауэм и кIэхэрщ. Бэрбащ уфIэкIмэ, Стояновым и щIыгуу щытам деж, ди жылэм щыщ гуэрхэми зэращIу, сэри мэкъупIэ къэсщэхуауэ сыкъэкIуат, удзпыхкIэ (косилкэ) мэкъу сеуэну.

ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ ИФI ЗЫХЭЛЪЫМ ТЕЛАЖЬЭУ

Налшык къалэм дэт 33-нэ курыт еджапIэм махуитIкIэ щекIуэкIащ «УнэтIакIуэхэм я зэхуэс-2023» зыфIаща урысейпсо Iуэхугъуэр. Къэралымрэ щIыналъэхэмрэ къыщыхалъхьа унэтIакIуэ жэрдэмхэр зэгъэуIуным теухуа зэхыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и министерствэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ я брифингкIэ къызэIуахащ.

ЗЭНЫКЪУЭКЪУР ЩIЫУЭПСЫМ И БИЙЩ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэгъуэм хъыбар зэбгригъэхат, къэралхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэпэщIэувэныгъэхэр нэхъ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIагъэхьэр къэлъытауэ, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм жылагъуэр пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къэлъытэн зэрыхуейм теухуауэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке