ХАБЗЭХЪУМЭ IЭНАТIЭХЭМ Я ЛЭЖЬАКIУЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪУКавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ я спортсмен ныбжьыщIэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ Тырныауз къалэм и «Геолог» спорткомплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат Iуащхьэмахуэ куей администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетымрэ МВД-м и къудамэу районым щыIэмрэ икIи теухуауэ щытащ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм. Абы хэтащ каратист ныбжьыщIэу 250-м щIигъу. Фэеплъ зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ Iуащхьэмахуэ куей администрацэм и лэжьакIуэхэр, МВД-м и ветеранхэу Байказиев Назир, Айшаев Магомед, къудамэм и жылагъуэ советым хэт Хаджиев Джамал, КъБР-м КаратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Гуэбэшы Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм щIалэгъуалэр хэкупсэу ягъасэ, ди мамыр псэукIэр зыхъумэу хэкIуэдахэр ящымыгъупщэным къыхураджэ, абы къыдэкIуэу, спортми драгъэхьэх. ГъэщIэгъуэну екIуэкIа фэеплъ зэхьэзэхуэм хэта спортсмен ныбжьыщIэхэм къагъэлъэгъуащ каратэм и щэхухэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр, техникэфIхэр зэраIэр. Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр иратащ, фаеплъ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ. БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|