«Тысяча сто гравюр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт иджыблагъэ къыщызэIуахащ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм . Ар КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей академиемрэ къызэрагъэпэщащ.
УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск гъуазджэхэмкIэ и институтым ксилографиемкIэ и къудамэр къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI, профессор Пащты Герман утыку кърихьар езым и лэжьыгъэщIэхэм я закъуэкъым, атIэ и гъэсэн цIыкIухэм я IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэми нэIуасэ дахуищIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ а лэжьыгъэхэм ящыщ куэд ди республикэм тыгъэ зэрыхуащIар.
Музейм и пэшхэм щыфIэдза сурэтхэр ХудожествэмкIэ Урысей академиер, Красноярск художествэмкIэ дэт къэрал институтыр, Хворостовский Дмитрий и цIэр зэрихьэу Красноярск дэт гъуазджэхэмкIэ институтыр графикэ унэтIыныгъэмкIэ къэзыухахэмрэ абы зи IэщIагъэм щыхэзыгъахъуэу щыIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIщ. Мы гъэлъэгъуэныгъэм и япэ Iыхьэр гъэ кIуам, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум, ящIауэ щытащ. Абы щыгъуэ ягъэлъэгъуа гравюрэ лэжьыгъэ 1100-м ящыщу 400-р республикэм тыгъэ къыхуащIат. Иджы а лэжьыгъэхэм я етIуанэ Iыхьэр тыгъэу къыдат: абыхэм ящыщу 250-р СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм къыхуагъэнэнущ, адрейхэр щэкIуэгъуэм и 25-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм утыку къыщрахьэнущ.
Зи гугъу тщIы гравюрэхэр Шекспир Уильям, Поссе Абель, Байрон Джордж, Миссимэ Юкио, Брант Александр, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Гоголь Николай, Бродский Иосиф, Кафкэ Франц, Набоков Владимир, Астафьев Виктор я IэдакъэщIэкIхэм хэт лIыхъужьхэм, нарт эпосым тращIыкIащ.
ГъэщIэгъуэнщ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къагъэщIа литературэ тхыгъэхэм хэтхэр сурэтыщI ныбжьыщIэхэм къызэрагъэлъагъуэ, абыхэм хуаIэ еплъыкIэр, гупсысэу щIалъхьэр.
Дауи, а лэжьыгъэхэм къахощ Пащты Герман и IэдакъэщIэкIхэр. КъищынэмыщIауэ, удэзыхьэхщ Пащт-Хъан Алим «Вечера на хуторе близ Диканьки» (Гоголь Николай), Аникутин Юрий «Райские псы» (Поссе Абель) тхылъхэм, Федоровэ Еленэ «Каин» поэмэм (Байрон Джордж), Цыреновэ Саянэ «Гэсэр» бурят IуэрыIуатэм хуащIа сурэтхэр.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым жиIащ Пащтым ди республикэм тыгъэшхуэ хуищIауэ къызэрилъытэр.
- Ар сурэтыщI къудейкъым, атIэ къэралым и цIыху пэжщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ нэсщ, - жиIащ Карчаевэм. Абы къыхигъэщащ апхуэдэ лэжьыгъэ зэгъэуIуа ди республикэм зэи тыгъэ къызэрыхуамыщIар, ар зи гукъэкI сурэтыщIым фIыщIэшхуэ зэрыхуэфащэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ зыхэт Iуэхур гъэщIэгъуэныщэу, щIэщыгъуэу къызэрилъытэр щыжиIащ зэIущIэм.
- Пащты Герман дэ доцIыху график, сурэтыщI Iэзэу, ауэ мы гъэлъэгъуэныгъэм дэ наIуэ къытщещI ар икIи егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытыр. КсилографиемкIэ Сыбырым щыIэ еджапIэм щIэс сабийхэм я хъэтIыр, гупсысэкIэр, дуней лъагъукIэр зыми ещхькъым, - жиIащ Къаныкъуэм.
Пащты Герман къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIа иужь, графикэм, псом хуэмыдэу ксилографием, цIыхур хуебгъэсэну зэрымытыншыр жиIащ, аращ абы илъэсихкIэ институтым, 3-кIэ аспирантурэм щIыхуеджэр.
- Сэ си гъэсэнхэм, студентхэм я деж щегъэжьауэ академикхэмкIэ иухыжу, хуабжьу срогушхуэ. Фэ щыхьэт фытехъуэфынущ ахэр зэрыксилограф Iэзэм, - жиIащ Пащтым. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ я еджапIэ-лъэщапIэр зэрызэфIэувам, езым иригъаджэхэми я гугъу ищIащ.
Пащты Герман фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэу мы IуэхумкIэ зыкъыщIэзыгъэкъуахэм.
- ЯпэщIыкIэ сэ мураду сиIар лэжьыгъэ 300 хуэдиз утыку къисхьэу ахэр КъБР-м тыгъэ хуэсщIынырт, итIанэ сегупсысыжри, 1100-рэ сщIащ. А сурэт телъыджэхэм ди республикэм зыгуэр къыщыхуагупсысыну сыщогугъ.
Гъэлъэгъуэныгъэр мазэкIэ екIуэкIынущи, хуей дэтхэнэри феплъ хъунущ.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.