|
Статьи на кабардинском языке
6 июля, 2023 - 06:11
Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген сигналхэр къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ Парус зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм (галактикэм, вагъуэ лэкъумым) лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Wid
5 июля, 2023 - 06:37
Абхъаз къэрал университетым лекцэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Дызэрыт зэманым абы студентхэр щрегъаджэ Налшык щыщ тхы- дэ щIэныгъэлI Мэрзей Ас- лъэнбэч. Абхъаз-адыгэхэми, Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэми я гугъу ищIкIэрэ, уэркъ гъэсэныгъэр зыIэщIэбгъэкI мыхъуну хъугъуэфIыгъуэу зэрыдиIар, ар гува-щIэхами къызэраIэтыжынум шэч къызэрытримыхьэр ябгъэдилъхьащ егъэджакIуэм студентхэм.
5 июля, 2023 - 06:35
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къаIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэрызэраухылIа щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталийрэ.
5 июля, 2023 - 06:34
Бадзэуэгъуэм и 1-м Урысейм щагъэлъэпIащ зэкIэ къэрал унафэкIэ ямыгъэува, IэщэкIэ зэщIэузэда зэныкъуэкъухэм хэтахэм я махуэр. Япэу дыдэу УФ-м и щIыналъэ куэдым 2009 гъэм щагъэлъэпIащ ар, ветеранхэм къыхалъхьэри. А махуэм ягу къагъэкIыж икIи пщIэ хуащI Iэщэ яIэщIэлъу ди къэралым и сэбэп зыхэлъхэр Урысейми нэгъуэщI щIыпIэхэми щызыхъумахэр.
5 июля, 2023 - 06:32
Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу дунейм тет лъэпкъ псори игъащIэми ирогузавэ, иропIейтей я анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, тхыдэр хъума хъуным, къащIэувэ щIэблэхэр абыхэм фIыуэ щыгъуазэу, а лъапIэныгъэхэр къалъытэрэ яхуэсакъыу, адэкIи ирагъэфIакIуэу къекIуэкIын папщIэ.
4 июля, 2023 - 12:02
Иджыблагъэ Италием къыщыдэкIащ да Винчи Леонардэ и анэ Катеринэ теухуа тхылъ. КъызэрахутамкIэ, 15 - 16 лIэщIыгъуэхэм псэуа италие сурэтыщI, архитектор, щIэныгъэлI гъуэзэджэ, тхакIуэ, макъамэтх, узэщIакIуэ да Винчи Леонардэ и анэр адыгэт.
4 июля, 2023 - 05:52
Мы цIэр зэрахьэ Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ит къуажэми ар зыбгъэдэс къуршыпс уэр цIыкIуми.
Тхыдэдж-лъахэхутэхэм ящыщ гуэрхэм Хуэдз псалъэр зыхуахьыр Къуэдз (Къуэдзэ) унагъуэцIэр зезыхьэу Беслъэнейм иса уэркъ лIакъуэм зэреджэу щытарщ. Мыдрейхэм а псалъэм кърагъэкIыр къэбэрдей уэркъхэм язхэм трагъэIукIауэ щыта «къуэдзэ» фIэщыгъэрщ.
4 июля, 2023 - 05:52
Япэрей газетхэр хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэмрэ брошюрэхэмрэт. Ахэр «Авизо» фIэщыгъэр яIэу Венецием къыщыунэхуащ XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм. «Авизом» «хъыбар» жиIэу къокI, итальяныбзэщ. Апхуэдэ хъыбарегъащIэ тхылъымпIэхэр Венецием и «gazzetto» ахъшэ жьгъейкIэ ящэрт. Аращ «газет» псалъэри къызытехъукIыжар. Ди зэманым къэсащ 1566 гъэм ятхауэ щыта «Авизо» тхылъымпIэхэр.
3 июля, 2023 - 08:27
Нартан дэт школ №1-м мы гъэм къыщIэкI ныбжьыщIэхэм я аттестатхэр щратыжа пшыхьыр гуапэу екIуэкIащ. Ар къыщIадзащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэмкIэ. Классыр хабжащ ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зыгъэлъэгъуахэм, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, олимпиадэхэм абыхэм текIуэныгъэ куэд къыщахьащ. Школыр дыщэ медалкIэ къаухащ Ныр Эвелинэ, Хьэгъэбанэ Залинэ, Къардэн ФатIимэ сымэ.
Страницы
|