Дзэм щыдаш пIалъэр еух

ХъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэм я лэжьакIуэхэм къаIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэ­рызэраухылIа щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и уна­фэщI Дмитриев Виталийрэ. 

Комиссарыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, дзэм зи дэ­шы­гъуэу ираджэхэр къулыкъу щрахьэкIыну щIыпIэхэм пщIэ щIамыту нашэс, гъуэгум гъуэ­мылэкIэ къыщызэрагъэпэщ, здынэсам гъэмахуэ-щIымахуэ фащэхэмкIэ щахуапэ, махуэм щэ щагъашхэ. 
Адрей илъэсхэми хуэдэу, мыгъэрей гъатхэ-гъэмахуэ Iуэ­хугъуэри мэлыжьыхьым и 1-м щыщIэдзауэ бадзэуэ­гъуэм и 15 пщIондэ йокIуэкI. Ди республикэм щыщу а щIыкIэм тету дзэм хашэхэм я бжыгъэр, къыхуагъэува мардэм тетщ.
Иджырей дэшыгъуэм хэ­хуахэр хьэуа-десантыдзэм, лъэ­­­срыкIуэдзэм, кхъухьы­дзэм (флот), лъэпкъ гвардием хагъэхьэ.
Курыт еджапIэр къэзыуххэм ящыщу зи ныбжьыр илъэс 18 хъуахэр жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ армэм ираджэнукъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ е IэщIагъэ хэха щызрагъэгъуэт колледжхэм щIэтIысхьэхэр зэман пыухыкIакIэ (я еджэ­гъуэр яухыху) дзэм дашынукъым. 
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Илъэс пIалъэкIэ армэм дашынухэр зауэ IэнатIэм пэрагъэувэнукъым, езыхэм я фIэфIыныгъэ халъхьэу абы щыхуагъэхьэзыр дерсхэм пхамыгъэкIауэ. Апхуэ­дэ­хэри, зыхуагъэпсыну Iуэхум фIыуэ щыгъуазэ хуамыщIауэ, зэпэщIэувэныгъэ гуащIэ ще­кIуэкI щIыпIэхэм яшэнукъым.
ЗэрызэраухылIа щIыкIэм тету дзэм къулыкъу ще­зы­хьэкIынухэм УФ-м Зыхъу­мэ­жыныгъэмкIэ и министерствэм абы теухуа зэгурыIуэныгъэ иращIылIэ. Хабзэм те­щIы­хьа а дэфтэрым Iэ щIа­­дзыну хуитщ зи дэкIы­гъуэу армэм дашхэми, дзэм хэтауэ къыхэкIыжахэми,  цIыхубзхэми, хамэ къэ­рал щыщхэми. Контракт зращIылIэхэр къыхах къэралым и федеральнэ хабзэ №53-мрэ УФ-м и Президентым дзэм къулыкъу щехьэкIынымкIэ 1999 гъэм фокIадэм и 16-м къыдигъэкIа Унафэ №1237-мрэ япкъ иткIэ. Дзэм хэшэн Iуэхур щIыналъэхэм зэрыщекIуэкIым кIэлъоплъ УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и со­ветым и унафэщIым и къуэ­дзэ Медведев Дмитрий.
Дзэм зэрызэраухылIа щIы­кIэм тету къулыкъу зэрыщрахьэкIым хуэгъэзауэ журналистхэм щепсалъэм, Дмит­риев Виталий къыхигъэщащ мэлыжьыхьым и 15-м къыщегъэжьауэ а Iуэхум телажьэу, Налшык къалэм Идар Темрыкъуэ и цIэр зезыхьэ и уэрамым и 198-нэ унэм хэту хэ-щIапIэ щхьэхуэ къызэры­щы­зэрагъэпэщар, республикэм щыщ­­хэр екIуалIэ хъууэ. Нэ­хъапэхэм апхуэдэ здэщыIар Владикавказ и закъуэт. 
Контрактым къыщыгъэлъэгъуа пIалъэр я нэхъ мащIэ­рауэ зы илъэсщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, апхуэдизщ е абы нэхърэ нэхъыбэщ. 
- ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм езым и фIэ­фIы­ныгъэкIэ гурыIуэхэм зэ ты­гъуэу сом мини 195-рэ къы­Iэрагъэхьэ, абыхэм ящыщу зауэ IэнатIэ пэрыувэхэм мазэ къэс сом мин 204-рэ ират. ­КъинэмыщIауэ, къэралым мыдрей и цIыхухэми хуэдэу, социальнэ IуэхукIэ къылъагъэсыпхъэ псори хуахъумэнущ. Зи гугъу тщIы щIыкIэм тету дзэм хыхьэхэм я ныбжьыр илъэс 60-м щIигъу хъунукъым, - къыхигъэщащ Дмит­риевым. 
Къэралыр зэрыщыту къат­щ­тэмэ, армэм контракт щIы­­кIэм тету ираджэхэм къы­хуз­э­рагъэпэщ дзэр ща­Iыгъ хэ-щIапIэщIэхэр (часты­щIэхэр), мыдрейхэр щыIэхэм тра­гуашэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссарыр щыхьэт зэ­рытехъуэмкIэ, республикэр къэтщтэнщи, гъэр зэрыщIи­дзэрэ езым я фIэфIыныгъэ хэлъу дзэм къулыкъу щезы­хьэ­кIыну зэгурыIуэныгъэ езы­щIылIахэм я бжыгъэр куэд  хъуащ. 
ЗэгурыIуэныгъэ зэрызэп­щIылIэ хъунум хуэгъэза хъыбархэр щIыналъэ псоми щы­зэбгрезыгъэхыр «ЦУР» (Центр управления регионом) фIэ­щы­гъэр ирату 2022 гъэм дэ­нэкIи къыщызэрагъэпэща Iуэ­­хущIапIэхэрщ. Ар дыдэхэм Интернетым и напэ­кIуэцIхэм тхыгъэ пыу­хыкIахэр иралъхьэ, контракт щIыкIэм тету дзэм ­къулыкъу зэры­щып­щIэнум теухуауэ.

  КЪУМАХУЭ Аслъэн. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.