Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу дунейм тет лъэпкъ псори игъащIэми ирогузавэ, иропIейтей я анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, тхыдэр хъума хъуным, къащIэувэ щIэблэхэр абыхэм фIыуэ щыгъуазэу, а лъапIэныгъэхэр къалъытэрэ яхуэсакъыу, адэкIи ирагъэфIакIуэу къекIуэкIын папщIэ. Лъэпкъым и щыIэныгъэр зэлъыта а Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр зэрыиныр къыгурыIуэу, къэрал IэнатIэхэм ящыщ куэдым, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм абыхэм дапщэщи траухуэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщ Iыхьэшхуэ. Апхуэдэ унэтIыныгъэ иIэт Владикавказ къалэм иджыблагъэ щызэхаша зэхуэс инми.
МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэм зыкърагъэхьэлIат зэгъунэгъу щIыналъэхэм я Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, а жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтхэм. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, Iуэхур щекIуэкI Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Бзылъхугъэхэм я советым и пашэ Хабицовэ Ларисэ, Владикавказ и Бзылъхугъэхэм я советым и унафэщI, политикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым, Хетагуровым и цIэр зезыхьэм, и кафедрэм и профессор Дзаховэ Ларисэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм Тхыдэмрэ археологиемкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Кудзоевэ Анжелэ, Владикавказ къалэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Салбиевэ Зитэ, «Стыр Ныхас» осетинпсо лъэпкъ цIыхубэ зэгухьэныгъэм Егъэджэныгъэмрэ анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ и комитетым и унафэщI Бургаловэ Заремэ, «Нэмыс» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм хэт Теувэж ФатIимэ, нэгъуэщI жылагъуэ IэнатIэхэми я лIыкIуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхуэсышхуэм хэтащ КъБР-м и Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм Налшык щиIэ къудамэм и пашэ Дыджэш Лидэ, къалащхьэм и Вольнэ Аул хьэблэм и Бзылъхугъэхэм я советым и унафэщI Азычэ Лидэ, ди республикэм и бзылъхугъэхэм я зэщIэхъееныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм дапщэщи жыджэру хэтхэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Чеккаевэ Рахьимэт сымэ.
«Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ бзылъхугъэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яIэ мыхьэнэр» фIэщыгъэр зиIа зэхуэсыр къызэIузыха Хабицовэ Ларисэ абы къекIуэлIа псоми фIэхъус гуапэ яриха нэужь, гупсэхуу къытеувыIащ осетиныбзэм зегъэужьынымрэ ар къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымрэ ехьэлIауэ я республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм.
- Осетиныбзэр хъумэнымкIэ, абы и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтынымкIэ ди щIыналъэм лэжьыгъэ купщIафIэхэр щокIуэкI. Зы илъэси къанэркъым абы теухуа зэхуэсхэр, конференцхэр, мастер-классхэр, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэу, едмыгъэкIуэкIыу. Лъэныкъуэегъэзу щыткъым сызипашэ жылагъуэ зэгухьэны-
гъэр. Бзэр зимыIэж лъэпкъым гъуэгуанэшхуэ къызэрыпэщымылъыжыр фIы дыдэу къыдгурыIуэу, дэ дадолажьэ еджапIэхэм, гъэсапIэхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм. ЕхъулIэныгъэ гуэрхэри зыIэрыдогъэхьэ, атIэми дегъэгузавэ, дегъэпIейтей анэбзэр зэзыгъэщIэну хуэмей, абы хуэфэщэн гулъытэ хуэзымыщI ди лъэпкъэгъухэм, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ, къазэрыхэкIым. Шэч хэмылъу, ар дэ, нэхъыжьхэм, тIэщIэкIа щыуагъэщ, и чэзум гу зылъыдмыта Iуэхугъуэхэм я лъэужь хьэлъэщ. Ар зэгъэзэхуэжынри ди пщэ илъщ, апхуэдэу щыхъуакIэ. Псом хуэмыдэу бзылъхугъэхэм, анэхэм, унэгуащэхэм, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ - сабийм нэхъыбэрэ щIыгъу, абы епсалъэ, и псэмрэ и гумрэ лъэIэсыф цIыхубзхэм, - къыхигъэщащ Хабицовэм. - Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ щытыкIэм итщ зи бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъ цIыкIухэм я нэхъыбапIэр. СызэрыщыгъуазэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрри. Аращ нобэ дэ щIыналъитIым я бзылъхугъэхэм я нэхъ пажэхэр мыбдеж дыщыщIызэхуэсар: ди Iуэху щытыкIэхэмкIэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ мардэхэмкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къызэрыдгъэсэбэпымкIэ, бзэр хъумэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ хуэгъэпса нэгъуэщI куэдымкIи дызэдэгуэшэну, дытепсэлъыхьыну.
Зэхуэсым хэтахэр жыджэру тепсэлъыхьащ щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэрэ лъэпкъ щIэныгъэрэ ябгъэдэлъхьэным теухуауэ зи лIыкIуэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щызэфIах лэжьыгъэхэм. Дзаховэ Ларисэ утыкур хуит щыхуащIым игу къигъэкIыжащ, Осетие Ищхъэрэм икIа гупышхуэ нэхъапэIуэкIэ Налшык щыщыIам щыгъуэ, щыгъуазэ зыхуащIауэ щыта Iуэху зехьэкIэ пэрытхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэхэм. Апхуэдэхэм ящыщт, къэбгъэлъагъуэмэ, Азычэ Лидэ зи унафэщIу Налшык дэт сабий сад №5-м къыщызэрагъэпэщауэ щыта «Бзылъхугъэр унагъуэ жьэгум и хъумакIуэщ» фIэщыгъэр зиIа «стIол хъурей» зэIущIэр.
- А Iуэхугъуэм къриубыдэу дэ щыгъуазэ дыхуэхъуауэ щытащ хэкупсэ унэтIыныгъэ зиIэу гъэсапIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм лъабжьэ хуащI фIыгъуэхэм. Апхуэдэхэт анэдэлъхубзэм, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъэгъуэзэнымкIэ, тхыдэмкIэ, я ныбжьым елъытауэ, сабийхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэр, - къыхигъэбелджылыкIащ Дзаховэм.
Абы и псалъэм пищэу, Азычэм жиIащ апхуэдэ лэжьэкIэ мардэм мы зэманми зэрызрагъэужьыр, щIэблэм лъэпкъ, хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным хуэщIа Iуэхугъуэ псоми цIыкIухэм я адэ-анэхэр, щIыпIэ унафэщIхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ жыджэру къызэрыхашэр.
Зи пашэ IэнатIэм и лэжьыгъэм анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ щигъуэт увыпIэм тещIыхьат Дыджэш Лидэ зэIущIэм щищIа доклад купщIафIэр. Зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэдым щыгъуазэ хуэхъуащ абы и къэпсэлъыныгъэм едэIуа-хэр.
- ЩIыуэпсыр, бзылъхугъэр. А псалъэхэр я купщIэкIэ зэщхьщ, зэпэгъунэгъущ: тIури псэ зыIутым и щIэдзапIэщ. Дунейм и дахагъэр, гъащIэм и IэфIыпIэр ирапх абыхэм. Ахэращ дэри ди лэжьыгъэм лъабжьэ хуэтщIыр, - жиIащ Дыджэшым. - Налшык и цIыхубзхэм я къалэ зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ унагъуэм, жьэгу пащхьэм я хъумакIуэу щытхэм яхуэфэщэн гулъытэ жылагъуэм щигъуэтыныр, бзылъхугъэхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэныр, унагъуэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъыбзэхэр, щэнхабзэхэр хъумэныр, абыхэм зегъэужьыныр, нэгъуэщIхэри. А унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд зэфIегъэкI ди зэгухьэныгъэм, махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуа махуэшхуэхэм ящыщ гуэри блимыгъэкIыным хущIокъу. Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ хъумэным теухуауэ къалэм и IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызыдогъэпэщ зэIущIэ щхьэпэхэр, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, семинар купщIафIэхэр, зэпеуэ хьэлэмэтхэр, мазэ лэжьыгъэхэр. Абыхэм жыджэру хэтщ къалэдэс ныбжьыщIэхэри жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэри, унэгуащэхэри къулыкъущIэхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Ди лъэпкъ хабзэхэм ущыгъуазэ?», «ГъащIэм и дыгъэ», нэгъуэщIхэри. 2022 гъэм япэу къыхэтлъхьэри, сабий садхэмрэ пэщIэдзэ еджапIэхэмрэ щедгъэкIуэкIащ «Нанэ и гущэкъу уэрэдхэр» зэпеуэ хьэлэмэтыр. Абы къриубыдэу сабийхэм анэдэлъхубзэкIэ жаIащ апхуэдэ уэрэдхэр, ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза фIэхъусхэр, хъуэхъухэр.
Лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъыщхьэр, анэдэлъхубзэр, хъума хъуным хуащI хэлъхьэныгъэхэм ятеухуауэ зэхуэсым къыщыпсэлъащ абы кърихьэлIахэм ящыщ куэд. ЩIыналъитIми, Осетие Ищхъэрэми Къэбэрдей-Балъкъэрми, я бзылъхугъэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр гупсэхуу зэдэгуэшащ я Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ, семинархэм, «стIол хъурей» зэIущIэ хьэлэмэтхэм хэтащ. ЩIыналъэ зэхуаку зэIущIэ иным къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэри куэдым гукъинэ ящыхъуащ.
Лэжьыгъэм хэта лъэныкъуитIри зэгурыIуащ адэкIи зэдэлэжьэну, лъэпкъхэм, анэдэлъхубзэхэм я зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ хуэщIа Iуэхугъуэхэр зэгъусэу щрагъэкIуэкIи къахуихуэу. Апхуэдэ зэхуэсхэр, шэч хэмылъу, сэбэпышхуэщ лъэпкъ фIыгъуэхэр щIэблэхэм яхуэхъума хъунымкIэ.
КЪАРДЭН Маритэ.