Абхъаз къэрал университетым лекцэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Дызэрыт зэманым абы студентхэр щрегъаджэ Налшык щыщ тхы- дэ щIэныгъэлI Мэрзей Ас- лъэнбэч. Абхъаз-адыгэхэми, Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэми я гугъу ищIкIэрэ, уэркъ гъэсэныгъэр зыIэщIэбгъэкI мыхъуну хъугъуэфIыгъуэу зэрыдиIар, ар гува-щIэхами къызэраIэтыжынум шэч къызэрытримыхьэр ябгъэдилъхьащ егъэджакIуэм студентхэм.
«Уэркъыгъэм дытепсэлъыхьын ипэкIэ, а псалъэм къидгъэкIымкIэ дызэгурыIуапхъэщ, - жиIэри къыщIидзащ Аслъэнбэч и лекцэр. «Уэркъыгъэ хэлъщ» хужаIэ цIыхубэм щыхэтым деж хьэл-щэн дахэ къэзыгъэлъагъуэ дэтхэнэ цIыхуми. Нобэ зи гугъу тщIынур нэгъуэщIщ. Ар кавказ цIыхубэм я зэхэтыкIэм лъабжьэ хуэхъуа, ныбжькIэ зэIэпахыурэ къэгъуэгурыкIуа дуней тетыкIэрщ».
Пасэрей лъэпкъыжьхэм я тхыдэм дриплъэжмэ, гу лъыдотэ цIыхубэм я гъащIэм кIэлъыплъхэр зэрызэщхьэщыхам, Мэрзейм зэрыжиIэмкIэ. Псалъэм папщIэ, пасэрей Мысырым унафэр зэрыщы-зэрахьам и гугъу пщIымэ, тепщэ къалэныр зыгъэзащIэр дин зезыхьэ духьэшыхэрт. Абыхэм я пщэ къыдэхуэрт цIыхухэмрэ Тхьэмрэ зэрызэпыщIа къуэпсхэр къамыгъэлалэу, тхьэхуэпщылIыкIэм, гуэныхь щыщтэкIэм, духьэ щIыкIэхэм ирагъэсэну. Мэрзейм къызэрилъытэмкIэ, тепщэр зэи щхьэхуиткъым. Унафэ ищIу плъагъу щхьэкIэ, абы и лъэбакъуэ къэс убзыхуащ, цIыхубэ гъащIэм мыхъумыщIагъэ гуэр къызэрыщыхъуу, и пщэпкъыр яубыдынущ.
Уэркъхэр къапщтэмэ, абыхэм я къалэныр цIыхум къыдалъхуа хуитыныгъэм къыщхьэщыжынырщ, зыми лей къытемыгъэхьэнырщ. ГъащIэ кIыхь къагъэщIэну, мылъкушхуэ зралъэфэлIэну, къалъысыр зыIэщIамыгъэкIыну - апхуэдэ хьэлхэр яIэххэтэ-къым уэркъхэм. Лъэпкъ куэдым я тхыдэм къыхэщ мы хабзэм бзэ къэс цIэ зырыз щиIэжщ: «рыцарь», «аристократ» псалъэхэр я мыхьэнэгъущ «уэркъ» псалъэм.
МафIэрыуэ Iэщэр, армэ зэгъэпэщар къызэрыунэхуу, уэркъ щэнхабзэр Европэм XV-XVI лIэщIыгъуэхэм щыкIуэдыжащ. Кавказ Ищхъэрэм ар Кавказ зауэм ику пщIондэ щаутIыпщакъым. ЗыплъыхьакIуэхэми жаIэу щытащ: «Кавказыр пасэрей хьэпшыпхэр зыхъумэ музей къудейкъым, атIэ пасэрей хабзэхэм, уэркъыгъэри хэту, я хэщIапIэщ». Урыс генералхэми я цIэ къраIуэу щытащ адыгэ уэркъ щауэхэм: ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ, Хьэжджэрий Кушыку, Хъырцыжь Алий, нэгъуэщI куэдым. Тырку хэхэсхэм нэхъыбэрэ яхъумащ зи гугъу тщIы зэхэтыкIэр. Иужьрей хьэщIэщыр адыгэ хэхэсхэм щызэхуащIыжар 2001 - 2002 гъэхэрщ. Абы и щыхьэту къоув егъэджакIуэм жиIэжа хъыбарыр:
«Зэгуэрым, Тырку къэралыгъуэр зэфIэзыгъэува Ататюрк Кемаль мафIэгум ису здэкIуэм, Узун-Яйла щыщ Мэр-зей Рашид и цIэу къэбэрдей хэхэсхэм ящыщ зылI гъусэ къыхуэхъуат. Зэдэуэршэрурэ, мо къэрал лIыщхьэм къыгурыIуащ и пащхьэ итыр гъэсэныгъэрэ цIыхугъэрэ зыбгъэдэлъ, ущиякIуэ лъэ-рызехьэхэм ягъэса цIыхуу зэрыщытыр. «Сыт хуэдэ университет къэбухар?» - жиIэри, еупщIащ Ататюрк и гъусэм. «Университет къэзухакъым сэ, къуажэм сыкъыдэмыкIыу сыдэсащ си гъащIэм и нэхъыбэм. Ди адэм и хьэщIэщращ си университетыр», - къыжриIэжащ адыгэ щIалэм».
Я щIэблэм уэркъ хьэл яхэлъу къагъэтэджын папщIэ, адыгэхэм IэмалитI къагъэсэбэпу щытащ: зыр - атэлыкъ хабзэр, адрейр - хьэщIэщ зэхэтыкIэр. «Сыт хьэщIэщыр зищIысыр?» - егъэув егъэджакIуэм упщIи, езым жэуап иретыж: ар «цIыхухъу клуб» жыхуаIэм хуэдэу арат. НэхъыщIэр - нэхъыжьым, сабийр - балигъым дэплъеину Iэмал щиIэ зэхуэсыпIэ. Атэлыкъыр щхьэхуэу зы щIалэм елIалIэтэмэ, хьэщIэщым зэрыжылэу игъасэрт. ТхылъымпIэм темыт хабзэм кIуэдыжыпIэ къезымытыр арат.
Тхыдэджхэм я жыIэгъуэ шэрыуэхэр, хьэлыншагъыр зэтриубыдэу, жылэм щызэIэпах псэлъафэхэр, езым и нэгу щIэкIа гъащIэ щапхъэхэр - а псори сэбэп хъурт Мэрзейм и псалъэр студентхэм я гум нэсын папщIэ. Абхъазым и лIыхъужь щIэныгъэлIыр иджы зауэм къыдыхэтахэм я щIэблэм егъэджакIуэ зэрахуэхъужам нэхърэ нэхъ щапхъэ IупщI къэлъыхъуэн хуей къыщIэкIынкъым Мэрзейр зытепсэлъыхь уэркъыгъэр иджыри зэрыпсэур уи фIэщ хъун папщIэ.
Уэркъ хабзэм теухуа псори Iыхьэ зыбжанэу пхуэгуэшынущ, - жеIэ щIэныгъэлIым. Нэхъ гъэщIэгъуэну лекцэм хэта Iыхьэхэм язщ егъэджакIуэр уэркъым хэлъыпхъэ хьэлхэм щытепсэлъыхьар.
1). Псэ хьэлэлу, цIыху махуэу щытыныр. Мыбы куэд хохьэ, псалъэм папщIэ: напэ, цIыхугъэ зыщIыгъу лIыгъэ. Хахуагъым нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым, ауэ абы езы уэркъыр тепсэлъыхь хабзэкъым. ЗыкъыпфIэщIыжыныр, узыщытхъужыныр - емыкIущ. Хуитыныгъэр фIыуэ илъагъуныр, пщIэрэ щIыхьрэ хэлъыныр, и псалъэм тетыжыныр фIэкIыпIэ зимыIэщ уэркъым дежкIэ. Жумарту, хьэлэлу щытынри абы хохьэ. Уэркъыр быдэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэ хьэл зыхэлъыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. ХъунщIэтеуэхэм къыщаугъуей къуентхъ псори пщы-уэркъхэм езыхэм я унафэ щIэт мэкъумэшыщIэхэм, фызабэхэм, зеиншэхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм хуагуэшу щытащ. Зыри я IэмыщIэ къранэртэкъым.
2). Бэшэчу щытыныр. Уз, щIыIэ, мэжэщIалIагъэ - абыхэм утепсэлъыхьын къудейр яфIэнапэтехт. «СомэжалIэ», «щIыIэм сес», «уей, дедзэкъами хъунутэм», жиIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым уэркъ щауэм.
3). Гуапагъ, къабзэлъабзагъ, псэемыблэжыныгъэ. И псэ емыблэжкIэ узэджэнур езым нэхърэ нэхъ къарууншэу цIыхубэм яхэтым и Iуэхур япэ иригъэщу, зэхэтыкIэр узыншэу къызэтезыгъанэрщ. Уэркъыр зауэлIщ. И Хэкум щхьэкIэ зи псэ зытхэм я япэ сатырым итщ ар.
4). Гум щыщIэр убзыщIыфын. Псом хуэмыдэу ар Къэбэрдейм щыемыкIут.
«Зызэман Къэбэрдейм абазэ куэд къитIысхьауэ щытащ. Абы иса цIыху мини 300-м щыщу 20 фIэкIа къэнэжатэкъым. ХэкIуэдахэм я нэхъыбэр пщы-уэркъхэт. Арати, иужьрей пщы уэлий Кушыку Жанхъуэт щIыналъэр ихъумэн папщIэ, абазэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ, цIыхухэр къэбэрдей къуажэхэм игъэIэпхъуащ, унагъуипщI зэрысам деж унагъуэ 20 иригъэтIысхьэу. Иджыпсту къапщтэмэ, Къэбэрдейм и Iыхьэ щанэм щыпсэур абазэ лъэпкъым щыщщ. Лъэпкъри щIыпIэри ихъумэн папщIэ, ар Iущу пщым ищIа Iуэхущ. Абы къыхэкIыу, Iэнэм бгъэдэс гуэр ирихьэжьэу, къипкI-къилъу псэлъэн щIидзэмэ, нэхъыжьхэм занщIэу «уи абазэныр щыгъэтыт» жраIэрт. Къэбэрдейхэм я хабзэр псом нэхърэ нэхъ ткIийт гурылъыр наIуэ къэмыщIын IуэхукIэ. Уигу иримыхьын гуэр къыбжаIами, къохъурджауэIами, пшэчын хуейт», - жеIэж Мэрзейм. И псалъэм и щыхьэту, Аслъэнбэч гунэсу зэпкърех «тэмакъ-кIыхь» псалъэм и мыхьэнэр: «ТэмакъкIыхь» жаIэ къэбэрдейхэм: губжьыр гум нэсыху, тэмакъым и кIыхьагъкIэ ирикIуэху упщIыIужу, цIыхум зыхущIемыгъуэжын унафэ акъыл зэгущкIэ ищIын хуейуэ аращ».
Хьэл псори къызэщIэзыубыдэж Iэмалу уэркъыгъэм хэтщ «мардэ» жыхуаIэр. Адыгэхэм фIыуэ къагурыIуэрт сыт хуэдэ хабзэми ар къыщезэгъ зэманрэ щIыпIэрэ зэриIэр. Абы утеплъэкъукIмэ, хабзэм я нэхъ дахэри хабзэншагъэм хуэкIуэнкIи хъунущ. ЛIыгъэр - гущIэгъуншагъым, щIыхьыр - щхьэхуещагъым, цIыхум пщIэ хуэщIыныр - Iужэжэным, уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжыным, жьакIуагъыр - зыкъыфIэщIыжыным хуэмыкIуэн папщIэ, псоми я гъунапкъэр пщIэуэ щытын хуейщ. Уи пщIэмрэ уи напэмрэ ущыхуэсакъыжкIэ, адрейхэм я пщIэмрэ я напэмрэ уебгъэрыкIуэ хъунукъым.
5). ПсэлъэкIэ шэрыуэ, жьакIуагъ. Уэркъыр жьакIуэ хъун папщIэ, абы ухуезыгъасэ Iэмалхэр къагъэщхьэпэрт. ЗекIуэ зэманыр щIалэгъуалэм уэркъ хэщIапIэхэм щрахьэкIыу щытащ, зэуэкIэ зрагъасэу. ЩIалэхэр гупитIу ягуэшырт, щIызэдэуэн гуэр къыхуагупсысырти, дэтхэнэ лъэныкъуэми езыр зэрызахуэр пхигъэкIын хуейт. ХьэщIэщми хасэхэми ар я нэгу щыщIэкI зэпытти, щIалэхэм зыдэплъеин щапхъи яIэт. Уэркъым хуэфащэтэкъым псэлъэкIэмыщIэу щытыныр. Усэ зэхэлъхьэкIэ, уэрэд усыкIэ, шыкIэпшынэ еуэкIэ зригъэщIэнми трагъэгушхуэрт щауэхэр. ХьэщIэщым шыкIэпшынэ фIэлъ хабзэт, пщы-уэркъхэми зекIуэ щIыкIуэкIэ къыздрахьэкIыу щытащ ар, Iуэху екIуэкIам теухуауэ уэрэд зэхалъхьэжу.
6). ШыIэныгъэ. ПсэлъэкIэкIи, хьэлкIи, зыхуэпэкIэкIи шыIэныгъэ пхэлъыныр хабзэт. Нэм къыфIэнэу зихуэпэныр емыкIут уэркъым дежкIэ, уеблэмэ езым пщIэ къыхуащIу утыку щрашэм деж нэгъунэ. ИлъэситIкIэ къэбэрдейхэм гъэру яIыгъа урыс тIасхъэщIэх Торнау Фёдор итхыжырт: «Апхуэдиз лIыгъэ зыхэлъ адыгэхэм зыщытхъужыныр егъэлеяуэ ягъэемыкIу. Нэхъ хахуэ дыдэу яхэтхэри щэхуу мэпсалъэ, я тIысыпIэр япэ къэсым иратынущ, къедауэм худачыхынущ. Ауэ Iуэхур и нэм нэсмэ, зэуэ захъуэж: зыгъэлIи, зыгъэкъи хэмыту, я напэ тезыхам напIэзыпIэм IэщэкIэ жэуап ират».
7) ХьэщIэхуэфIу щытыныр. Уэркъ къэс хьэщIэщ иIэну и къалэнт.
«Нобэ зи гугъу тщIа уэркъ хабзэр гъуэгум текIуэтауэ щыт щхьэкIэ, ар цIыхухэм къыщаIэтыжыну зэманри къэсынущ. ЦIыхубэр абыхэм яхуэныкъуэнущ. Иджыпсту дызытепсэлъыхьа хьэл псори хэлъу щытащ Абхъазым и япэ президент Ардзинбэ Владислав», - а псалъэхэмкIэ иухащ егъэджакIуэм и лекцэр. Абы дыщIыгъужыпхъэщ езы егъэджакIуэри зытепсэлъыхьам и щапхъэу къызэрылъытэр, щIэныгъэри уэркъыгъэри зэIэпэгъуу къызэдезыхьэкI щапхъэ закъуэтIакъуэу адыгэ жылэм зэрыхэтыр.
ЧЭРИМ Марианнэ.