Статьи на кабардинском языке

ЕЗЫМ ХУЭДЭХЭМ ЙOФIЭКI

«Пятница» телеканалым щекIуэкI «Псом нэхърэ нэхъ Iущ» нэтыным хэтащ Налшык щыщ Щэрдан Рэмэзан.

УРЫСЕЙМ ТЕУХУА ТХЫЛЪ НЭХЪЫФI

Мэкъуауэгъуэм и 6-м Москва щызэхуащIыжащ «Ут Плъыжь» зи фIэщыгъэ IX тхылъ фестивалыр. Абы къалащхьэм щызэхуишэсат тхылъ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэ куэдым я лIыкIуэхэр.

ХЬЭХ СЭФАРБИЙ И ФЭЕПЛЪУ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Кэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист Хьэх Сэфарбий къызэралъхурэ илъэс ­85-рэ зэрырикъум теухуа фэ­еплъ зэпеуэ.

РАДИО ЦIЭРЫIУЭМ И ВАГЪУЭХЭР

«ТIэкIу укъыкIэрыхуащ, Залинэ, дэ ар зэрытлъагъурэ куэд щIащ» - къызжезыIэни щыIэнщ си къалэмыр къызыхуэсщтар къыщащIэкIэ. Ар иджыблагъэ сызрихьэлIэу сызэплъа, Москва щекIуэкIа «Черкес ФМ-м и ­вагъуэхэр» зи фIэщыгъэ концерт инырщ икIи дахащэрщ.

ШХЭКIЭМИ МАРДЭ ИIЭЩ

«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэ­хьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ. Ар Урысей Федерацэм къыщагупсыса и жэуапт Америкэм и штат зэгуэтхэм (США) «увыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу а къэралым къыщаублам.  

САБИЙХЭМ ЯХУЭПЩI ГУЛЪЫТЭР КЪЭКIУЭНУМ И ГЪУАЗЭЩ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» респуб­ликэ социально-реабилитацэ центрым щы­Iащ. Егоровэр цIыкIухэм ехъуэхъуащ махуэшхуэм щхьэкIэ:

ГЪУЭГУМ И ПЛЪЫРХЭР

«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.

ЯЛЪАГЪУМКIЭ АРЭЗЫУЭ, ЯФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНУ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэщ.

ЛЪЭПКЪХЭР ЗЭРЫЗЭМЫЩХЬЫРЩ ЗЭКЪУЭЗЫГЪЭУВЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым (РАНХиГС) щекIуэкIа зэхыхьэ гуапэм хэтащ егъэджакIуэхэр, студентхэр, Ставрополь крайм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр.

САНКТ-ПЕТЕРБУРГ ДЭТ ЭРМИТАЖЫР

Санкт-Петербург дэт Эрмитажыр къэрал, художественнэ, щэнхабзэ-тхыдэ музей абрагъуэщ. Дунейпсо гъуазджэм и фIыпIэу абы щахъумэ хьэпшып мелуани 3 хуэдиз - сурэт лъапIэхэр, скульптурэхэр, хьэпшып тIорысэхэр, археологхэм къагъуэтыжа гъэщIэгъуэнхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке