Статьи на кабардинском языке

ЛЕОРЭ ЛАУРЭРЭ ДИ ДЕЖ КЪЭСАЩ

Осетие Ищхъэрэ - Аланием и мэзхэм хуиту щIаутIыпщхьа, Азие Гупэм щыщ щомыщитIым а республикэм и гъунапкъэхэр зэпаупщIащ.

ХЭКУМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭР

Мэкъуауэгъуэм и 12-р лъапIэ дыдэщ Урысей Федерацэм дежкIэ. Мы махуэм, 1990 гъэм, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутатхэм къащтащ Урысейр къэрал щхьэхуиту зэрыщытыр щIэзыгъэбыдэ декларацэр. 1991 гъэм ар цIыхухэм зыщагъэпсэху махуэу ягъэувауэ щытащ. 1992 гъэ лъандэрэ Урысейм и махуэу ягъэлъапIэ. 

КЪЭРАЛ ГИМНЫМ ЩIЭТУ

Республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм щагъэлъапIэу УФ-м и цIыхум и паспортыр щратыжащ республикэм щыщ ныбжьыщIэ нэхъ жанхэм.

ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ НОБЭРЕЙ МАХУЭР

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щатыжащ Урысей Федерацэм и цIыхум и дэфтэр нэхъыщхьэр - паспортыр. НыбжьыщIэхэм дэфтэрыр щыIэрагъэ­хьэжым къеблэгъащ полицэм и майор, КъБР-м и МВД-м Iэпхъуэшэпхъуэн IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэбэч Ислъам. 

IЭЩIАГЪЭМ НЭХЪЫФIУ ЕЗЫГЪАСЭХЭР

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы махуэхэм щекIуэкIащ «IэщIагъэм хуезыгъаджэ мастер нэхъыфI-2023» урысейпсо зэпеуэм я щIыналъэпсо Iыхьэхэр. Абы хэтащ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт кол­леджхэм, техникумхэм, лицейхэм (СПО) я егъэджакIуэхэр, унэтIакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр.

МАФIЭМ ИЛЫПЩIА САБИИГЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ «Детство, опаленное ­войной» зэхыхьэ гуапэр. Абы щагъэ­лъэ­пIащ Налшык къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм зи ­сабиигъуэр хиубыда нэхъыжьыфIхэр. 

ПСЫМИ ЩIЫЛЪЭМИ ЩЫПАШЭЩ ТИМУР

Киров областым мы махуэхэм щекIуэкIащ иджырей пятиборье спорт лIэужьыгъуэм  и дво­еборье  унэтIыныгъэмкIэ щIыналъэзэхуаку зэ­хьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэси 9 -14-м ит щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр.

КЪАБЛЭМЭМ ХУЭНЫКЪУЭ ДЫЩЫХЪУАР

Пасэрей цIыхухэм къагурыIуэ хъуат ахэр къэзыухъуреихьхэм тещIыхьауэ здэщыIэ щIыпIэр къапщIэ зэрыхъунур. Дыгъэр уафэ нэзым жьэхоуэ, къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ зэхигъэкIыу. Ипщэ лъэныкъуэр егъэбелджылы дыгъэр нэхъ лъагэ дыдэ зэрыхъум. Ищхъэрэр абы къыпэщIэуэ лъэныкъуэрщ. Вагъуэхэм я хабзэм хэпщIыкIмэ, абыхэми уригъуазэ мэхъу.

ШЭР СЭБЭП?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ сэбэпу къалъытэ. Псалъэм папщIэ, дохутыр цIэрыIуэу тхыдэм къыхэщыж Боткин Сергей ХIХ лIэщIыгъуэм шэкIэ игъэхъужу щытащ узыфэ зыбжанэ. Абы зэрыжиIэу щытамкIэ, тхьэмщIыгъу, тхьэмбыл, лъатэ уз зиIэ, зи къупщхьэхэр мыщIагъуэхэм дежкIэ шэр хущхъуэшхуэщ.

ЗЭРЫРАГЪЭЖЬАМ ХУЭДЭУ ПСЫН­ЩIЭУ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео­конференц IэмалкIэ къызэрагъэпэща, ­УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комис­сэм и Президиумым и зэхуэсым. ЗэIущIэр ири­гъэ­кIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке