Бадзэуэгъуэм и 1-м Урысейм щагъэлъэпIащ зэкIэ къэрал унафэкIэ ямыгъэува, IэщэкIэ зэщIэузэда зэныкъуэкъухэм хэтахэм я махуэр. Япэу дыдэу УФ-м и щIыналъэ куэдым 2009 гъэм щагъэлъэпIащ ар, ветеранхэм къыхалъхьэри. А махуэм ягу къагъэкIыж икIи пщIэ хуащI Iэщэ яIэщIэлъу ди къэралым и сэбэп зыхэлъхэр Урысейми нэгъуэщI щIыпIэхэми щызыхъумахэр.
Налшык и Дэшхуей хадэм Афганистаным щызэуахэм я фэеплъу итым и деж бадзэуэгъуэм и 1-м щекIуэкIащ махуэшхуэ зэхыхьэ. Ар къызэригъэпэщат Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, министерствэхэм, ведомствэхэм, властым и муниципальнэ IэнатIэхэм, ветеран, дин зэгухьэныгъэхэм, сабий, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, кадет школхэм щеджэхэр, къалэдэсхэр.
Iуэхум и пэщIэдзэу республикэм ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим зауэлI хэкIуэдахэм дыуэ яхуригъэщIащ, Налшык, Пятигорск къалэхэмрэ абыхэм къедза щIыпIэхэмрэ щыIэ чыристан члисэхэм я гъуазэ Бобылёв Валентин тхьэ яхуелъэIуащ.
ПэкIур къызэIуихащ Егоровэ Татьянэ:
- Мы махуэр иджыри къэралым щхьэхуэу щагъэлъапIэркъым, ауэ абы зэкъуегъэувэ я гъащIэм и къекIуэкIыкIамкIэ зэтехуэ цIыхухэр, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэр. Нобэ дэ жыдоIэ зауэлI къалэныр щIыхь пылъу езыхьэкIахэм, абы хэт ди щIалэхэм пщIэшхуэ зэрахуэтщIыр. ИкIи, дауи, хэIэтыкIауэ догъэлъапIэ хэкIуэдахэм я фэеплъыр.
Ветеранхэм защыхуигъазэм Егоровэ Татьянэ жиIащ ахэр цIыху къызэфIэмыщIэу, бэшэчу зэрыщытыр.
- Фэ фщыщ дэтхэнэми фи ныбжьэгъухэр фигъусэу зэгуэр лIыгъэ, хахуагъэ зефхьащ, фи тхьэрыIуэмрэ зауэлI зэкъуэшыныгъэмрэ фазэрыхуэпэжыр къэвгъэлъэгъуащ, ди Хэкум и сэбэп зыхэлъхэр, цIыху мамырхэр фхъумэу псэзэпылъхьэпIэ гъэунэхуныгъэ куэдым фыхэтащ. Дэ фэркIэ догушхуэ икIи фIыщIэшхуэ фхудощI.
Хабзэубзыху органым и унафэщIым гу лъаригъэтащ щIалэгъуалэр гъэсэным, хэкIуэдахэм я фэеплъыр мыгъэкIуэдыжыным теухуауэ ветеранхэм нобэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
- Дэтхэнэми мамырыгъэ, фIыгъуэ фиIэну си гуапэщ. Фи гъащIэр адэкIэ сыт хуэдэу къыщIэкIми, дэнэ фыщыIами, сыт щыгъуи фи унэхэм къэвгъэзэж, фыпсэууэ икIи фыузыншэу фи унагъуэхэм фахыхьэж, - къыхигъэщхьэхукIащ Егоровэ Татьянэ.
Къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ, Афганистан зауэм и ветеран Зумакулов Борис. Абы къихьащ урыс философ икIи публицист Чаадаев Пётр и псалъэхэр: «БлэкIам дэ къытхуегъэгъэзэжынукъым, ауэ къэкIуэнур зэлъытар дэращ». ИужькIэ къыхуриджащ:
- Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Урысеймрэ дэр щхьэкIэ гушхуэн хуэдэу дывгъэпсэу икIи дывгъэлажьэ. Дэри ди къэкIуэнури яхъумэу Хэкум и пащхьэм щаIэ къалэныр нобэ зыгъэзащIэхэм сехъуэхъуну сыхуейщ текIуэныгъэр къахьауэ къагъэзэжыну икIи зауэ Iуэхухэм я ветеранхэм къахыхьэну.
КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь, зауэ Iуэхухэм я ветеран Тату Казбек къыщыпсалъэм къыхигъэбелджылыкIащ:
- Къэрал махуэшхуэу ямыгъэувами, мыбы мыхьэнэшхуэ иIэщ ар цIыху куэдым зэрехьэлIам къыхэкIыу. Дэ дигу къыдогъэкIыж тпэжыжьэ 50 гъэхэм Кореем, иужькIэ Мысырым, Анголэм, Афганистаным, Сирием, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щызэуахэр. Ди дзэ къулыкъущIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ ди Хэкум и сэбэп зыхэлъхэр яхъумащ. Дэ зауэ Iуэхухэм я ветеранхэм яхуэтщI фIыщIэр гъунапкъэншэщ. Ветеранхэм я къуэхэри нобэ хэтщ зауэ Iуэху хэхам икIи я пащхьэ ирагъэува къалэнхэр щIыхь пылъу ягъэзащIэ. Дэ ди фIэщ мэхъу бийр зэрызэхэткъутэнур икIи дызэрытекIуэнур.
Апхуэдэу пэкIум къыщыпсэлъащ Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэзыгъакъуэ, «Хэкур зыхъумэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Дадэ МуIэед.
Хэкум и пащхьэ щаIэ фIыщIэхэм папщIэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и медалхэр иратащ екIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтахэу Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Мэш Мурат, Урысей гвардием и управленэу республикэм щыIэм и полицэм и майор Романенкэ Владимир, 3723-нэ дзэ частым и 121-нэ полкым и прапорщик нэхъыжь Жансуев Эльдар, лейтенант нэхъыщIэ, дзэ комиссариатым и IэщIагъэлI-эксперт нэхъыжь ХьэхъупащIэ Алан сымэ.
Къызэхуэсахэр дзэ къалэнхэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэм, зауэ нэужьым дунейм ехыжахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри, Афганистаным щызэуахэм я фэеплъым и деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
- Къат бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, Хэкур хъумэнымкIэ я къалэнхэр ягъэзащIэу Урысейм дзэм къулыкъу щызыщIэхэр дунейм и къэрал 35-м щIигъум щыIащ, зэныкъуэкъухэр зэтес щIыжыным хуэунэтIа Iуэхухэм хэту. Нобэ къыхуагъэува пщэрылъхэр щагъэзащIэ Сириемрэ Украинэмрэ. IэщэкIэ зэщIэузэда зэныкъуэкъухэм хэтахэм я махуэр ар нобэрей ди ветеранхэмрэ мыпсэужхэмрэ пщIэ зэрахуэтщI Iуэхущ. Ар щхьэусыгъуэфIщ дзэ къалэныр езыхьэкIхэм я мызакъуэу, атIэ МВД-м, УФСБ-м, Урысей гвардием, МЧС-м я лэжьакIуэхэм, дзэ Iуэху хэхам езыхэм яфIэфIу хыхьахэми, дзэм къулыкъу щызымыщIэхэми дехъуэхъунымкIэ. Езыхэри иджыри зэ зэхуосри я ныбжьэгъу хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж. Дэ ди къалэнщ фэеплъыр тхъумэныр, ар Хэкур адэкIэ зыхъумэну ди сабийхэмрэ абыхэм я щIэблэхэмрэ яхэлъхьэныр. Зэи абыхэм зыхрамыщIэ я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ ягъэвар. Нобэ догъэлъапIэ Хэкум деж щаIэ къалэныр щIыхь пылъу зыгъэзэщIахэр икIи къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъым пщIэ худощI, - жиIащ Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур, махуэшхуэ зэхуэсым и кIэухыу.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.