Статьи на кабардинском языке

САБИЙХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я  республикэпсо зэхьэзэхуэ Налшык  и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ.

Ар къызэрагъэпэщат «Спортыр наркотикым и бийщ» зыфIаща Урысейпсо акцэм ипкъ иткIэ. А зэпеуэм хэтащ 20I4 гъэм къалъхуа сабий 84-рэ.

ЗЭТЕХУЭ ПСАЛЪЭХЭР

Адыгэ лъэпкъхэм ящыщу беслъэнейхэр Псыжь адрыщIкIэ щежэх Инжыдж, Уарп, Лабэ псышхуэхэм я Iуфэхэм Iусыгъащ, нобэми аращ. КъухьэпIэмкIэ гъэза я щIы кIапэм кIахэ адыгэхэр зытеса я щIыгур гъунэгъубзэу къеуалIэу щытыгъами, я псэлъэкIэр къэбэрдейхэм къэдгъэсэбэпым нэхъ пэгъунэгъущ. 

ПСЭУЩХЬЭ АБРАГЪУЭХЭМИ Я КIУАПIЭТ

Антарктидэ щIыгу инышхуэу километри 3 нэблагъэ зи Iувагъ мылкIэ щIэгъэнар зэрыщыIэм, япэ дыдэу гу лъызытар урыс кхъухь пашэхэу Беллинсгаузен Фаддейрэ Лазарев Михаилрэщ. Ар къыщыхъуар 1820 гъэм щIышылэм и 28-рщ. Абдежым къыщегъэжьауэ а континентыр зыхуэдэр зэхэгъэкIыным еджагъэшхуэхэр яужь итщ. 

«МЭЛЫIЫЧХЭМРЭ БЗАДЖЭНАДЖЭХЭМРЭ» РОМАНЫМ ЩЫЩ ПЫЧЫГЪУЭ

Нэхъапэм хьэщIэщу яIауэ, иджы «ищхъэрэ унэ» зыфIищыжам хэт пщэфIапIэм щIэст Зэирэт. Абы, Iуамыхыжауэ, хьэкушхуэ щIэтт, унагъуэм жьэгукIэ пщэфIа шхын ягу къихьэмэ, щипщэфIу. ПщэфIапIэбжэр зэрыIупхыу къэдабэ плъыжь ибзауэ диванышхуэм уIуплъэт. Диваным Iэнэ цIыкIу бгъурытт. 

ЗЭХЬЭЗЭХУЭР МЭУНЭ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «ЩIэныгъэхэм я зэгухьэныгъэ: еджапIэхэмрэ колледжхэмрэ» къэралпсо пэхуэщIэм и щIыналъэ Iыхьэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр иджыблагъэ щекIуэкIащ.

АДЫГЭ ХЭКУ УКЪЫЩЫХУТА ХУЭДЭТ

Мэкъуауэгъуэм и 9-м щегъэжьауэ 12 пщIондэ Санкт-Петербург щекIуэкIа «Иппосфера» XXIV дунейпсо шы гъэлъэгъуэныгъэм Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 18 хэтащ. Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIалэхэр АР-м и Шу хасэм зэхуишэсри, адыгэшыр екIуу щагъэлъэгъуащ мы зэхыхьэм.

ЩIЫУЭПСЫМ И ЩЭНХАБЗЭ ТЕЛЪЫДЖЭ

Мэкъуауэгъуэм и 14-м Налшык  ще­кIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней­псо Адыгэ Академием къызэ­ригъэпэща щIэныгъэ зэIущIэ. «Зи хуэдэ щымыIэ адыгэ уэщIкъэхъугъэ (экологие) щэнхабзэ» зыфIаща Iуэхугъуэм хэтащ ЩIДАА-м и академикхэр, Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым и лэжьа­кIуэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIэныгъэлIхэмрэ.
 

МЕДАЛИТI КЪАХЬАЩ

Тхэквондо

Ростов щIыналъэм и Шахты къалэм ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ КИФЩI-м тхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн.

Атлетикэ псынщIэмкIэ аренэм къыщызэIуаха зэхьэзэхуэм щызэпеуат илъэс 12 - 14-хэм ит щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

АБАЗЭ ТЕМБОЛЭТ И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ

Алыдж-урым бэнэкIэ

Тэтэрстаным и Альметевск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 24-м нэмыса щIалэхэр.

ДИ ХЪУРЕЯГЪЫР - ГЪУЩIЩ

ГъущI лъэхъэнэр тхыдэм жыжьэу хэкIуэтащ. Ауэ ар къагъэунэхуу, елэжьу зрагъэса нэужьщ, цIыхухэм иджырей дуней яухуэу щыщIадзар. ГъущIыр дэнэкIи щыдолъагъу, промышленностым куэду къыщосэбэп. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ Урысейм гъущI нэхъыбэ дыдэу къыщыщIахыу щытащ Екатеринбург. Абы къыщIаха гъущIщ Британие парламентым унащхьэу тралъхьар.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке