Статьи на кабардинском языке

IУЭХУЩIАПIЭ МЫИНХЭМ ЗАУЖЬ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ инновациехэмкIэ и IуэхущIапIэ мыинхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм теухуауэ зэIущIэ.

ШЫРГУПС – ЩЭХЪУРАДЖ - ЧЕХРАК

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псыхэм ящыщ зыщ. Лабэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ холъадэ.

КУЭДРЭ ЩЫПСЭУ ЩIЫПIЭХЭР

ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIы­пIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федераль­нэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм. 

НЫБЖЬЫЩIЭХЭР НАРКОТИКХЭМ ЩАХЪУМЭ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхур республикэм щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щы­Iащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм IыхьитIу гуэшауэ - мэлыжьыхьым и 4 - 13-хэм, щэкIуэгъуэм и 14 - 23-хэм - къыщызэгъэпэщыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

УЗЫНШАГЪЭМ УХУЭЗЫШЭ ЛЪЭБАКЪУЭ МИНИПЩI

Узыншагъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэм щекIуэкIащ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ 10000» жылагъуэ-хэзыгъэгъуазэ акцэ. Абы и къыхуеджэгъэ нэхъыщхьэу щытащ «ЩIы Хъурейм и узыншагъэр - дэ ди узыншагъэщ!».

ЗЫГЪЭПСЭХУПIЭХЭР КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и ­Федеральнэ Зэхуэсым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, социальнэ IуэхухэмкIэ хабзэгъэувхэм я ­советхэм я комиссэхэм я зэIущIэм.

АЛЫХЬЫМ ЗЭРИУХАМ ХУЭДЭУ ХЪУАЩ

Илъэс 85-рэ къэзыгъэщIауэ иджыри езыкъутэкIыу псэу Аслъэн дадэ къызжиIэжащ мы хъыбарыр.

ТЭРЧДЭСХЭР КIЭУХ ЗЭПЕУЭХЭМ МАКIУЭ

Мэлыжьыхьым и пэщIэдзэхэм Астрахань къалэм дэт «Звездный» спорт комплексым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм я XI гъэмахуэ спартакиадэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэ художественнэ гимнастикэмкIэ зэхьэзэхуэхэр.

ХАБЗЭМРЭ ДИНЫМРЭ Я ХЪУМАКIУЭ

Бахъсэн щIыналъэм щыщ Ислъэмей къуажэшхуэм дэсу къыщIэкIынкъым Пыхъ Мухьэмэдин Музарин и къуэр зымыцIыху. Ар къуажэ ефэндыщ икIи и къалэн гугъур тэмэму зэфIегъэкI, жылэдэсхэр арэзы ещI и лэжьыгъэмкIэ.

ЖЫХЬЭНМЭМ ХУАГЪАДЭ ПЛАНЕТЭ

КIэи пэи зимыIэ хьэршым и зы къуэгъэнапIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) астрофизикхэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ, и щIыгум къыщешх «уэшхыр» зэрыгужьеигъуэ дыдэм къыхэкIыу, жыхьэнмэм хуагъадэ планетэ шынагъуэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке