Статьи на кабардинском языке

КУРЖЫМ КЪЫЩАЛЪХУА АДЫГЭ МАЛЪХЪЭ

И ныбжьыр илъэс 82-м иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэ цIэрыIуэ Гогибедашвили Заур. Ар куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ.
Заур щIэх-щIэхыурэ дыщыхуэзэт «Спартак-Налшыкым» и зэIущIэхэм. Абы фIэфIт журналистхэм я гъусэу джэгум кIэлъыплъын икIи и гукъэкIыж куэдхэм дыщIигъэдэIурт. И фэеплъ нэхур игъащIэкIи ди нэгум щIэтынущ.

КЪАЙСЭР ДЭС АДЫГЭХЭР

ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ и пэкIэ зи хэку зрагъэбгынэу хамэщIым ипхъа хъуа адыгэм и нэхъыбэр щыпсэур Тыркуращи, а къэралыр нэхъ тпэблагъэу къысфIощI, абы и сыт хуэдэ къали ди лъэпкъэгъухэм уащрохьэлIэри. Адыгэ мин 60 хуэдиз зыдэс, Истамбыл километр 700-кIэ пэжыжьэ Къайсэр къалэр адыгэ жылэ хуэдэщ.

МЫУТХЪУХ - АЗЫКЪ - IУЗЭВ

Азов хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта псалъэхэм язщ «Азыкъ» жыхуаIэр. Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэрат къагъэсэбэпыр, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт.

ШЫ ПСОРИ ЗЭХУЭДЭКЪЫМ

Къэхъуа

Мэртазэ и къуэр зекIуэ къикIыжу Къуэгъулъкъуей къыдыхьащ. Уэрамым къыздрикIуэм сабий гуп джэгуу ирохьэлIэ икIи мурад ещI зы щIалэ цIыкIу къидыгъуу къану ипIыну. Сабийхэм къащыхыхьэм, абы и къамышыр зыIэпигъэхуащ, зы щIалэ цIыкIум ар къыщыхуишиижым, къипхъуатэри ирихьэжьащ. Сабийр Къуэгъулъкъуэхэ яйт.

Унэм къэсыжа иужь щIалэ цIыкIум Мэртазэ и къуэм зыхуигъэзащ:

ТЭТЭРЩ ИКIИ МУСЛЪЫМЭНЩ

Урысейм и мызакъуэу, дуней хъурейм цIыху куэд къытена къыщIэкIынтэкъым Пекин щекIуэкIа мыгъэрей Олимпиадэм фигурнэу къэжыхьынымкIэ хэта Валиевэ Камилэ абы къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIымрэ гугъу зэрыщехьамрэ я хъыбар зэхимыхауэ.

КЪЭРАЛЫМ И ГУП КЪЫХЭХАМ И ТРЕНЕРХЭМ ХАГЪЭХЬЭ

Ди лъахэгъу цIэрыIуэ Урыш Анзор Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и командэ къыхэхам и тренерхэм ящыщ зы хъуащ. Апхуэдэ унафэ къащтащ иджыблагъэ бэнэн зэрыщигъэтар къалъытэри - хуейщ абы и Iэзагъ лъагэр адэкIи Хэкум къыхуагъэсэбэпыну, ди спортсмен нэхъ лъэщ дыдээр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хуигъэхьэзыру.

КЪАЛЭН ЛЪАПIЭР - ЩIЫХЬЩ

Мазаем и 23-м Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. Ар 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.

СЫТ МАЗАЕМ И 23-Р МАХУЭШХУЭУ ЩIАГЪЭУВАР?

1922 гъэм Iэ традзащ Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI зэ­ры­рикъур мазаем и 23-м Iэтауэ гъэлъэпIэным ­теухуа Указым. Ауэ ипэ ита илъэсхэм а гуфIэгъуэр зэи хаIэтыкIакъым.

АДЫГЭХЭМРЭ НАРТЫХУМРЭ

Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм, XVI  лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ.

ФIЫМ ФIЫЩIЭ ПЫЛЪЩ

Къэрал, лъэпкъ лэжьакIуэ цIэрыIуэ

Къанокъуэ Арсен илъэс 65-рэ ирокъу

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке