ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIыпIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм.
Нэхъыбэрэ псэухэм я ныбжьыр ику иту 2021 гъэм илъэс 80-м щIигъуауэ къехь Росстатым. УФ-м пашэ щыхъуа хэгъэгуитхум я етIуанэщ Дагъыстэныр (76), ещанэр Москващ (74), Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ дызэхуэдэу жыпIэ хъунущ (73).
Кавказ Ищхъэрэм цIыхухэр ику иту зэрыщыпсэур нэхъыбэщ Урысейм и адрей хэгъэгухэм нэхърэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, пандемием щыщIидза илъэсым процент 1,05-рэ кIэрыхуащ цIыхухэр зэрыпсэу илъэс бжыгъэу къагъэлъагъуэм.
Зэрыщыту къапщтэмэ, цIыхур зэрыпсэу илъэс бжыгъэр щынэхъ мащIэр КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ щIыналъэрщ - абы къыщагъэлъагъуэр илъэс 68-м зэрыщIигъу щыIэкъым. ЦIыхум къигъащIэ илъэсхэм я куэдагъыр зэлъытауэ къабжыр зыкъом мэхъу – и щыIэкIэ-псэукIэм, щIыуэпсым.
Узыншагъэм и гугъу пщIымэ, ар щынэхъ лъагэ щIыналъипщIым ящыщщ КИФЩI-м и хэгъэгухэри. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыху узыншэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэур Шэшэнращ, республикэм исым и процент 92,2-м я узыншагъэм щхьэкIэ гуныкъуэгъуэ яIэкъым. Абы къыкIэлъыкIуэр ингушхэрщ, зэупщIахэм я процент 88,9-р узыншэщ. Урысейм ебланэ увыпIэ щызыубыдар Дагъыстэнырщ (64,1), ебгъуанэр Къэрэшей-Шэрджэсырщ (62,2).
Зи узыншагъэм игъэтхьэусыхэ нэхъыбэ щыпсэууэ къалъытар Марий Элщ. Сымаджэхэм я бжыгъэр процент 16-м щIегъу. КъэпщытакIуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, зи узыншагъэ ныкъусаныгъэ иIэхэм я бжыгъэр проценти 7,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Пандемием и япэ илъэсыр блэкIыу, цIыхухэм нэхъ зыкъащIэж хъуа нэужь, я узыншагъэри ефIэкIуащ. зэман дэкIри, я щхьэмрэ я унагъуэмрэ щхьэкIэ зыхэта гужьеигъуэри ящхьэщыкIри, я гур псэхужащ. ДяпэкIэ щытыкIэр нэхъ зэпIэзэрыт хъужыну хуагъэфащэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.