ЖЫХЬЭНМЭМ ХУАГЪАДЭ ПЛАНЕТЭ

КIэи пэи зимыIэ хьэршым и зы къуэгъэнапIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) астрофизикхэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ, и щIыгум къыщешх «уэшхыр» зэрыгужьеигъуэ дыдэм къыхэкIыу, жыхьэнмэм хуагъадэ планетэ шынагъуэ.

ГъэщIэгъуэныр аращи, уафэщI жыжьэм и щхьэфэм жэщкIэрэ техэр дэ дызэсэжа псыIагъэм хуэдэкъым, атIэ, къыщызэщIэплъэкIэ бахъэ щыхъурэ щыупщIыIужкIэ ткIуаткIуэу щызэрыубыдыж гъущI ткIуэпсхэрщ.

WASP-76b нагъыщэр зрата, гъуэзыпшэ Iувхэр зыщхьэщыт планетэ абрагъуэр (и нэхур ди деж къыщысыр илъэс 640-рэ дэкIа иужькIэщ) ди Дыгъэм къедза Юпитерым нэхърэ зымащIэкIэ нэхъ псынщIэми, и зэпрыупIэр хуэдэ 1,8-кIэ нэхъ инщ. УафэщI жыжьэм и щхьэфэм хуабэр махуэ шэджагъуэм Цельсий и пщалъэмкIэ градус 2400-м щыноблагъэ, жэщыкум градус 1500-рэ щохъу.

Абы щыгъуэми къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIы планетэр зэкIэрэхъуэкI и дыгъэм сыт хуэдэ лъэхъэни зыбгъукIэ фIэкIа зэрыхуэмыгъэзар. НэгъуэщIу жытIэмэ, а планетэм и щIылъэныкъуэм щынэху зэпытщ, адрейм - дапщэщи щыкIыфI зэфэзэщщ.

ГъущIыр къыщызэщIэплъэу бахъэ щыхъужыр - я дыгъэр зэпымыууэ зытепсэрщ, ткIуэпс жьэражьэу къыщеткIухыжыр - кIэ зимыIэ жэщыр здэщыIэрщ. ЛъэныкъуитIым апхуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ щIаIэр жьышхуэхэр, увыIэгъуэ ямыIэу, а планетэм къызэрыщепщэрщ, ауэ щыхъукIи бахъэ теплъэ зыгъуэта «гъущIыпшэхэр», я пIэ изэгъэнкIэ Iэмал ямыIэу, и уэгум зэрыщызэрызехьэрщ.

УафэщI жыжьэм и щхьэфэм «дунейм и щытыкIэм» телъыджащэу зэрызыщихъуэжым астрофизикхэм гу лъезыгъэтар абы къыпкърыпсыкI нурым зэрызиубгъу и спектрым дисперсие лъагэ зиIэ и Iыхьэм далъэгъуа нэщэнэхэрщ. Иджы щIэныгъэлIхэр темыпыIэжу поплъэ, Уэбб Джеймс и цIэр зэрихьэу (James Webb Space Telescope - JWST), технологие зызыужьахэр я тегъэщIапIэу зэпкъралъхьа телескопыщIэр, «Хаббл» зи фIэщыгъэм нэхърэ нэхъ лъэщыжыр, ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь обсерваторием щагъэлажьэ хъуну пIалъэм. Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, а IэмэпсымэщIэр IэмалыфIщ «экзопланетэ» зыхужаIэ уафэщI жыжьэхэр уэрдыхъум хуэдэу къэзыухъуреихь я хьэуахэм (атмосферэхэм) я лъащIэм щIэплъэнымкIи, къыщекIуэкIхэр нэхъ IупщIу зэхэгъэкIынымкIи.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы