Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭХЭР - БАХЪСЭН И ПСЫХЪУАЩХЬЭХЭМ

Этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Волковэ Татьянэ 1974 гъэм Москва къыщыдигъэкIа «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр: XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XX нэсыху» и тхылъ купщIафIэм и япэ Iыхьэм, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуам, мыпхуэдэ сатырхэм дыкъыщоджэ:

ЛЪАГАПIЭЩIЭХЭР ЗИ ГУГЪАПIЭ ХЬЭПЭ ЗАУР

Урысей Федерацэм и премьер-лигэм и медалхэм щIэбэн Мэзкуу и «Локомотив»-м зэхъуэкIыныгъэщIэхэр щекIуэкIащ.  Мэзкуудэсхэм я тренер нэхъыщхьэ къалэныр къыхуагъэфэщащ ди лъэпкъэгъу Хьэпэ Заур.

КЪАЛЭ НЭХЪЫФIХЭМ ХАЛЪЫТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрыр ц1ыхухэм я псэукIэрэ щыIэныгъэкIэ нэхъыфI дыдэу къалъыта къалипщIым языхэзщ.

ЗЫ ИМЫУАСЭ ГЪАТХЭПЭ ЗЭIУЩIЭХЭР

ЩIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэмрэ зыгъэсэныгъэхэмрэ командэхэм яухри Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм зэIущIэхэм мазэ ипэкIэ щIадзэжащ.  Абы хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм гъатхэпэ мазэм къриубыдэу зэIущIищ иригъэкIуэкIащ икIи дэтхэнэ зыри арэзы укъэзымыщI бжыгъэкIэ иухащ.

СЕБОРГЭ - КЪУАЖЭ-КЪЭРАЛЫГЪУЭ

Километ 14 зэбгъузэнатIэ фIэкIа мыхъу къуажэм къэралыгъуэу зэрызигъэIуфар таурыхъым щыщ хъыбару къыпфIэщынущ, Карбоне Джорджэ умыцIыхумэ.

ЛЪЭПОЩХЬЭПОУНШЭМ ДЫКЪЫХУРАДЖЭУ

«Кавказ Ищхъэрэ Урысей сетхэр» зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым кърит токым и уасэр зэрыщапшыныр нэхъ зэкIэлъыгъэкIуа щыхъуащ.

ТХЫЛЪЫМПIЭ ГЪУАБЖЭРИ ТХЫЛЪЫМПIЭЩ

ТхылъымпIэ хужьым и уасэр плIыкIэ зэрыхэхъуам егъэгузавэ газет, журнал, тхылъ тезыдзэ IуэхущIапIэхэр. Целлюлозэ-тхылъымпIэ комбинату 180-рэ зэрыт къэралыр абы щхьэ щышынэн хуей? 

ДИ ХЭКУМ И ЦIЭР ФIЫКIЭ КЪРЫРИГЪЭIУАЩ

Май къалэм дэт гимназие №1-м и еджакIуэ Сивишкин Богдан иджыблагъэ Мэзкуу щекIуэкIа, «Си Хэкум и зыужьыныгъэм си Iыхьэ хызолъхьэ» зи фIэщыгъэ урысейпсо конференцэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Ар зэхуэсым зэрыхэтынум хуигъэхьэзыращ тхыдэмрэ обществознаниемкIэ и егъэджакIуэ, «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу Май щIыналъэм щыIэм и унафэщI Алексеевэ Светланэ.

ЗЭIУЩIЭ ГЪЭЩIЭГЪУЭН

Си адэр хуабжьу мэз кIуэрейт икIи и гъащIэм и нэхъыбэр абы щихьырти, ди унэр игъэIэпхъуэжами зыми емыкIу къищIыну къыщIэкIынтэкъым.

IЭЩIАГЪЭМ ХУАIЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР

Хабзэ хъуауэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм гъэ къэс мыпхуэдэ зэманым къыхелъхьэ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэр къэралым щегъэкIуэкIыпхъэу. Мы махуэхэм хэIущIыIу хъуащ зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэм щытекIуахэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке