Статьи на кабардинском языке

КАВКАЗЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭМ ЗЫЩАГЪЭГЪУАЗЭУ

«РЖД» ОАО-мрэ Къээбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэгъусэу проектитI ди щIыналъэм щагъэзэщIэну зэгурыIуащ. Ар «Жемчужина Кавказа» гъущIгъуэгу круизхэмрэ «Гастрономический тур на Кавказ» проектымрэщ.

ДЖЫЛАХЪСТЭНЕЙХЭМ ДЫЩЭ МЕДАЛХЭР ЗЫIЭРЕГЪЫХЬЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иджыблагъэ иухащ. Абы и саугъэт нэхъыщхьэм мазиплIым щIигъукIэ Налшык и «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым щыщIэбэнащ республикэм и командэ пщыкIух.

ХЬЭЩIЭМ ТЕУХУАУЭ

Хабзэ

ГЪУЩI ЗЭЩIЭБЛЭКIЭУ АБРАГЪУЭ

ЩIэныгъэм и лъэныкъуэ псоми тепсэлъыхь Nature Scientific Report къэрал зэхуаку журналым иджыблагъэ къытехуа тхыгъэхэм ящыщ зым зэритымкIэ, «ди планетэм цIыхухэр тебзэхыкIыжыным къэнар илъэс 20-40 къудейщ». 

ЕДЖАПIЭ НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ КЪАПЭЩЫЛЪ IУЭХУХЭР

УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ хэтащ. Ар теухуат дунейм щыщыIэ хъуа щытыкIэм елъытауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэ хъунур зыхуэдэм, еджэныгъэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ къызэпымыудауэ и мардэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейм.

ЛЪЭБАКЪУЭ МИНИПЩI

Узыншагъэм и дунейпсо махуэм Налшык щекIуэкIащ «Узыншагъэм ухуэзышэ лъэбакъуэ 10000» Iуэхугъуэр. Ар хуэгъэзащ цIыхухэр я щытыкIэм кIэлъыплъыжыным гулъытэ хуегъэщIыным.

КЪУРШЫМ КЪЕХ ЯТIЭПСЫР: КЪЫЗЫХЭКIЫМРЭ ЗЭРЫЗЫЩАХЪУМЭ IЭМАЛХЭМРЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кIэщI-кIэщIурэ къыщохъу щIыуэпс насыпыншагъэ зэхуэмыдэхэр. Абыхэм ящыщщ цIыху гъащIэхэр зыхь, гъуэгухэр зэхэзыкъутэ, цIыху мин бжыгъэхэр гужьеигъуэ изыгъэувэ ятIэпс къеххэр. Сыт ар зищIысыр, дэнэ къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

IЭНАТIЭКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди республикэм щагъэзащIэ «Къуажэ дохутыр» къэрал программэр. Ар хуэунэтIащ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэупIэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ ядэIэпыкъуным, абы ипкъ иткIэ къуажэхэм щылэжьэну кIуэ дохутырхэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэнущ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща мэхъу, къуажэхэми зыхуэныкъуэ медицинэ IэщIагъэлIхэр ягъуэт.

ПСЫФI-ПСЫФIЫПС-ПСЕЗУАПСЕ

Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхаку щежэх псыщ.

ГУЩЭХЭПХЭ

Адыгэхэм унагъуэм къихъуа сабийм хабзэ куэд кIэлъызэрахьэу щытащ. Ди зэманым, а хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтами, ахэр нэхъ мащIэ хъуакъым, нобэми гулъытэшхуэ хуащI сабий къалъхуам.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке