|
Статьи на кабардинском языке
14 февраля, 2023 - 03:52
Лъэпкъ къэрал музейм мазаем и 7-м щыщIэдзауэ щагъэлъагъуэ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, Урысейм и Абстракционистхэм (САБРОС), «Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэ» творческэ жылагъуэ союзхэм хэт Къанокъуэ Руслан и лэжьыгъэ телъыджэхэр.
14 февраля, 2023 - 03:49
Сочэ къалэм дэт, «Сириус» зи фIэщыгъэ, щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я паркым щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я II Урысейпсо зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIэныгъэрылажьэхэри.
14 февраля, 2023 - 03:47
Къэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм щыхэплъэжащ 2022 гъэм а IэнатIэм щызэфIагъэкIахэр, дызыхыхьэ илъэсым ялэжьынухэри абдеж щагъэбелджылащ. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ абы и къуэдзэ Хъубий Маратрэ.
14 февраля, 2023 - 03:10
ЦIыхур щэкIуэн-щыпэным къыпыкIыу, кхъуэщын игъэжын, гъущIхэкIхэм ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIакъым – илъэс мини 6-7 хъуми аращ. Абы ипэIуэкIэ ящIа археологие ухуэныгъэхэмрэ фэеплъхэмрэ умылъыхъуэми хъунущ. Сыту жыпIэмэ, ахэр зэрищIын Iэщэрэ Iэмэпсымэрэ иIакъым цIыхум.
13 февраля, 2023 - 12:34
Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм, комбинатым пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр тIууэ зэщхьэщокI, щIыр щIотIысыкIри.
13 февраля, 2023 - 07:05
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Зэхуэ-асыр теухуат республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.
13 февраля, 2023 - 06:25
Налшык къалэм и полицейхэм къалэ школхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерсхэр драгъэкIуэкI. Мурад нэхъыщхьэр хэкупсэу щытыныр, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуныр яхэпщэнырщ.
13 февраля, 2023 - 06:25
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ.
13 февраля, 2023 - 06:25
Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэбэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къагупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щызэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущымыгуфIыкIыу къанэркъым.
12 февраля, 2023 - 06:03
Мы махуэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Илъэс 300-м нэскIэ узэIэбэкIыжмэ, 1724 гъэм и мазаем и 8-м урысей пащтыхь Пётр Езанэм Iэ тридзауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэрыщызэрагъэпэщым теухуа унафэм. Абы къыщежьащ щIэныгъэлIхэм я махуэщIыр Iэтыныр.
Страницы
|