МЕДИЦИНЭ IУЭХУЩIАПIЭХЭМ КЪАХУЭЩХЬЭПЭНУХЭР

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ  Рустам. Зэхуэ-асыр теухуат республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.

ЗэIущIэм хэтащ Сымаджэхэм чэнджэщ щрат, я узыр къыщахутэ центрым (МКДЦ) и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Аслъэн Ахьмэд, Республикэ клиникэ ­сымаджэщым а къулыкъу дыдэр щызезыхьэ Тет Хьэсэнбий, Кардиологие диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Дохъушокъуэ Герман сымэ.
Республикэм узыншагъэр хъума щыхъун папщIэ мы IуэхущIапIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. «УнафэщIхэм я пщэ къыдохуэ цIыхухэм я узыншагъэр зыхуей хуэгъэзэныр зэрыщытыпхъэм хуэдэу лъагэу къызэгъэпэщыныр», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ мы IуэхущIапIэхэм дяпэкIэ зэрызаужьы-нум. Республикэм и клиникэ сымаджэщым зи узыншагъэмкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэр зэкIуалIэ унэщIэ пащIыхьыну, жьыхэр щызэрагъэпэщыжыну я мурадщ. ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм ­къудамэ щхьэхуэ хухахыну, дохутырхэм уахуэзэныр нэхъ тынш ящIыну я гугъэщ. Тет Хьэсэнбий зэрыжиIэмкIэ, зэманым  декIу IэмэпсымэщIэхэр яIэмэ, дохутырхэм я дэIэпыкъуныгъэр хуэныкъуэхэм нэхъ псынщIэу яIэрыхьэнущ. КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ сымаджэхэм я егъэблэгъапIэм епха унафэ пыухыкIахэр и кIэм нагъэсу, икIэщIыпIэкIэ ухуэныгъэм щIадзэну.
Сымаджэхэм чэнджэщ щрат, я узыр къыщахутэ центрым фIагъ лъагэ зиIэ хирургие Iэмалхэм зыщрагъэубгъунущ. Лъыр тэмэму зекIуэным хуэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр нэхъыбэ хъумэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэм ехьэлIа операцэхэми хэхъуэнущ. Iэ­мэп­сымэр илъэс кIуам къэрал ахъшэкIэ къащэхуакIэщ. Профессор Аслъэн Ахьмэд зэрыжиIэмкIэ, мы къудамэм зрагъэужьынущ, къэралым нэхъ Iэзэу ис IэщIагъэлIхэр зыдагъэ­Iэпыкъуурэ. «Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм ар сыт и лъэныкъуэкIи хуэщхьэпэнущ».
 Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ Кардиологие диспансерым. Мыбы зыщызыгъэхъуж сымаджэхэм гум еIэзэнымкIэ IэмалыщIэхэр ирахьэлIэн щIадзакIэщ. Къалэбатэ Рустам зэрыжиIэмкIэ, дохутырхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыж мыбы щIэлъу ­инфаркт, инсульт хуэдэ узыфэхэр зэуэлIахэм щакIэлъыплъы-ныр. Гум еIэзэнымкIэ сымаджэщ нэхъыщхьэм и пщэ делъхьэж республикэм щылажьэ мыпхуэдэ IуэхущIапIэ псоми я лэжьыгъэр зэригъэуIуныр, сымаджэ нэхъыбэм еплъыныр, IэщIагъэлIхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ нэгъэсауэ ягъэ­лэжьэныр. Дохъушокъуэ Герман къызэхуэсахэм яжриIащ и унафэм щIэт диспансерым и лэжьакIуэхэм я улахуэм ику иту процент 30-кIэ зэрыхагъэхъуар. Пыхусыхум зы­щиубгъу зэманым сымаджэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэ укIэлъып­лъынущ, компьютеркIэ лажьэ томографрэ иджыри зы ангиографрэ ягъэувынущ, эндоскоп зыщIэт къудамэ къызэIуа­хынущ. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ медицинэ Iэмэпсымэ нэхъ инхэр къызэращэхуну щIыкIэм, абы и уасэр къыздрахынум. Министрым къыхигъэщащ республикэм щынэхъыщхьэ мы IуэхущIапIэхэм щхьэж и унэтIыныгъэр КъБР-м зэры­щы­лажьэм кIэлъыплъын зэрыхуейр.
КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэ­рамыр щызэрагъэпэщыжкIэ, абы Кардиологие диспансерым и пщIантIэри гъусэ хуащIыну. Республикэм ис сымаджэхэм зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр и чэзум зэраIэрыхьэным теплъэкъукI зэрымыхъунури къыхигъэщащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.