Статьи на кабардинском языке

СУИТ И ГЪУЭГУР

Инджылызыр археологхэм лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зэпымыууэ щрагъэкIуэкI щIыпIэщ. ЛIэщIыгъуэ куэдым и щэхухэр къыщатIэщIыж, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я блэкIа жыжьэхэр къыщаугъуэеж абы и щIым. Инджылызым и торф шэд цIэрыIуэхэми къэхутэныгъэ телъыджэхэр щызэпыуркъым.

ТХЫЛЪ ЛЪАХЭМ И ГУБГЪУЭ БЭВЫЛЪЭХЭР

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Тхылъ лъахэм и губгъуэ бэвылъэхэр» зыфIаща библиоквестым и къызэгъэпэщакIуэхэм жэрдэм зыхуащIа Iуэхум ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжым и япэ курсым щеджэ студентхэр.

СИ КЪУЭШУ СИ АМИРЫМ ЗЫ ГУФIЭКIЭ ЗЭРИХЬЭРТИ

Щыгъуазэ сызэрыхуащIрэ зэпымыууэ згъэщIагъуэрт, Хьэтуей ипщэкIэ километрих хуэдиз удэкIуеижмэ, осетин къуажэ цIыкIу гуэрым узэрыщыхуэзэри, абы убгъэдыхьэпами ди республикэм и щIыналъэм уиту укъызэралъытэри, псыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къэлъагъуэ жыг гуэрэныбэм адыгэхэр ноби «Къалэжь мэзкIэ» зэреджэри.

СТАЛИНГРАД ТЕКIУЭНЫГЪЭР ДУНЕЙМ ЗЭРЫЩЫIУАР

Хамэ къэралхэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я напэкIуэцI куэд траухуауэ щытащ I943 гъэм Сталинград зауэзэрылIым. Гитлер пэлъэщыфын гугъэр зыIэрыхьэжа цIыху цIыкIум и гум жьы нэсам хуэдэт. Совет Союзым и бийхэми Iэмал къахуэнатэкъым СССР-м щымытхъуну.

ТIЫБГЭ И IЭШЭЛЪАШЭМ

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ Iуащхьэр Адыгэ Республикэм и бгыщхьэхэмкIэ щыIэщ. Метр 3064-рэ и лъагагъщ. Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм хохьэ. Нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ къыщыхэхуэж МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIур къыщежьэхэмкIэ щыIэщ. ТIыбгэ и бгъуапIэу и нэхъ IуплъапIэр Мейкъуапэ удэту уолъагъу.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я НЭГУ ЗРАГЪЭУЖЬ

КъБР-м Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щIышылэм и 22-м концерт щатащ сабий творческэ гупхэм, уэрэджыIакIуэ-къэфакIуэхэм, «Креатив-каникулы. Зимний сезон» IуэхущIапIэм и музыкант ныбжьыщIэхэм. Мы Iуэхур и жэрдэмщ режиссёр Гумэ Маринэ, сыт щыгъуи а зэхыхьэр ядэзыIыгъ «Горянка» газетыр и дэIэпыкъуэгъуу.

ЗЭХЫХЬЭ ГУАПЭ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу Налшык дэт ЩэнхабзэмкIэ фондым иджыблагъэ литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

ПСЫ ПЩТЫР КЪЫЩIЭКIЫПIЭХЭМ Я ЩIЫНАЛЪЭ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ - Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ мы тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр.

ЩIЭУПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ МУЗЕЙХЭР

Дуней псом щIэупщIэ нэхъ ин щызиIэу къалъытэ художественнэ музейхэм ящыщщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Великобританием, Франджым, Урысейм, Австралием, Испанием щыIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я музейхэм илъэсым цIыху мелуан 12-м нэблагъэм зыщаплъыхь. Урысейм и апхуэдэ бжыгъэр мелуани 10-м нызэрохьэс.

ДЯПЭКIИ НЭХЪЫБЭЖУ ЯГЪЭГУШХУЭНУЩ

УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэнэхуащ. А жэрдэмым ипкъ иткIэ зэрыкъэралу егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIынущ, а IэнатIэм пэрытхэм методикэ и лъэныкъуэкIэ я лэжьыгъэм халъхьэ щIэщыгъуэхэр, щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ къагъэсэбэп гъэщIэгъуэнхэр утыку къихьэным хуэунэтIауэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке