|
Статьи на кабардинском языке
25 января, 2023 - 12:02
Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым, Дыгъэм зэрыпэжыжьэ щымыIэу, къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ.
25 января, 2023 - 07:01
Зантарие Владимир
Си къуэшхэм сепщIыхьащ ныжэбэ гуэрым,
ЩIэслъагъуэрт я нэ кугъуэм зэрешар.
Ди пщIантIэм ахэр щыму дэтт зэгуэрым,
Нэщхъейхэт, я щхьэр псоми ехьэхат.
Сыт фи хъыбар? КъысхуэфIуэтэж, си къуэшхэ!
Ар жысIэурэ сэ ахэм сахыхьащ.
Жэуап къатакъым – сиубыдырт хуэшым,
СамыцIыхуххэу, уеблэм къысщыхъуащ.
25 января, 2023 - 06:03
Тхыдэм къызэриIуатэмкIэ, Налшык быдапIэр 1818-1822 гъэхэм яухуауэ щытащ, генерал Ермоловым и унафэкIэ. Налшыкыпс Iуфэм щаухуа быдапIэр илъэс 15-м къриубыдэу жылэшхуэ хъуат икIи 1860 гъэм ирихьэлIэу абы уэрам зыбжанэ иIэт.
25 января, 2023 - 06:03
УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ ягъэнэхуа ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэжьащ. Абы епхауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэм я махуэщI пежьэр Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №33-м щызэхэтащ.
25 января, 2023 - 06:03
Истамбыл и тхыдэ центрым щIыгъуу, Топкапы уардэунэ-музейр нобэ хабжэ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм я фэеплъу къалъытахэм икIи ЮНЕСКО-м ехъумэ. Тыркум и музей цIэрыIуэм илъэсым къриубыдэу цIыху мелуанрэ ныкъуэм щIигъум зыщаплъыхь.
24 января, 2023 - 05:53
- Хэдэ!
Раянэ къищэхуа бэлътокухэр, пшынэм ещхьу, зэтригъэжауэ, Фаизэ и пащхьэм щегъэсыс. Хъыджэбзхэр шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу, «ПцIащхъуэ абгъуэ» тыкуэным щIэлъэдауэ арати, гъатхэ дыгъэм къыхэувэжауэ, псапэ зэIэпах.
- КхъыIэ, сэри зы бэлътоку къызэт! - цIыхубз макъ къоIу.
24 января, 2023 - 05:53
Къуэн Исмел Iуащхьэ пIалъэ итауэ ХьэтIохъущокъуэхэ я гуащэ къыхуеблэгъащ. «Фыз хьэщIэ нэхъей» жыхуаIэрати, емыжьэжурэ махуэ зыбжанэ дэкIат. «ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ» псэлъафэм тету, къигъанэу ежьэж мыхъуурэ, Iуащхьэ пIалъэм гувауэщ щекIуэлIар.
24 января, 2023 - 05:52
ЗэрыжаIэщи, къафэр - псэщ. Классикэ академическэ къафэр къызэрыгуэкIкъым. Артистым ар къехъулIэн папщIэ зэмани къаруи тригъэкIуэдэн, зэгугъужын хуейщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, зэфIэкI зиIэ балеринэ, Музыкэ къэрал театрым и къэфакIуэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ и гъащIэр аращ зытриухуар.
24 января, 2023 - 05:51
Ди зэманым зэмылIэужьыгъуэ куэду щыIэщ жыр баллон цIыкIухэр: тэмакъ узым и хущхъуэ, бадзэгъалIэ, щхьэцыр зэрагъэцIу ткIуаткIуэ, напэр зэрагъэкъабзэ сабыныпс, дыху иту. Ауэ нэхъапэм щыгъуэ апхуэдэ ткIуаткIуэхэр е хущхъуэ ящI псыхэр зэрызэрахьэ баллонхэр щыIакъым.
23 января, 2023 - 06:25
2023 гъэр егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсу ягъэуващ. Абы дыпэджэжу, дыхуейт фыщыдгъэгъуэзэну КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, цIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник, и IэзагъымкIэ квалификацэ лъагэ зиIэ Ефэнды Маринэрэ абы и гъэсэнхэмрэ ехъулIэныгъэхэм.
Страницы
|