Статьи на кабардинском языке

Лъахэхутэ ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ

Тыркум щыпсэу адыгэ тхьэмадэхэм ящыщ зым зэгуэрым зыхуагъэзат адыгэр адрейхэм къазэрыщхьэ­щыкI нэщэнэхэр къахурибжэкIыну.

ХЬЭПШЫПХЭМ «ПСЭЩIЭ» ЩЫХАЛЪХЬЭЖЫНУЩ

Ленинград щIыналъэм мыгувэу къыщызэIуахынущ хьэпшыпхэр къыщагъэщIэрэщIэж дунейпсо IуэхущIапIэ. Апхуэдэ Урысейм иджыри къэс зэи иIакъым.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ, Ленинград щIыналъэм и губернатор Дрозденкэ Александр сымэ зыщагъэгъуэзащ IуэхущIапIэр къызэIуахыным и Iуэхур здынэсам.

ГЪУЩI ГЪУЭГУХЭР КЪЫЩЕЖЬАР

Япэ гулъэф (рельс) гъуэгуу къалъытэ «Диолк»-р, ди эрэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм гухэр къыщралъэфэкIыу щытар. Ар мывэ сэхум дэтIыкIат. ИужькIэ зэралъэф гъуэгухэр Европэм къыщыунэхуащ. Пхъэм къыхэщIыкIа гулъэф гъуэгухэр куэду щыIэт шахтэхэм я деж. Абдеж къыщыщIах мывэ лIэужьыгъуэхэр кхъухьыр здэщыIэм нагъэсырт абыхэмкIэ.

ОПЕРАЦЭ ТЕЛЪЫДЖЭ

Лышх узыфэхэм щеIэзэ, щадж, Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ операцэ телъыджэ. Абы и дохутырхэм кърагъэлащ си бгъэгумрэ пщэмрэ опухоль абрагъуэм иубыда сымаджэр.

ХЭКУПСЭХЭМРЭ ЛЪЭХЪЭНЭХЭМРЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, 2023 гъэм мазаем и 16-м къыщегъэжьауэ и 18 пщIондэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хэгъэгупсо хэкупсэ Iуэхугъуэ щекIуэкIынущ.

ЩХЬЭ КУЦIЫМ И IЭМАЛХЭР

Щхьэ куцIым епхащ цIыхум илъэжь псори: зэрыгупсысэри, жиIэри, уз зэрызыхищIэри. Абы ехъумэ цIыхум гъащIэм хих щIэныгъэр. Абы и закъуэкъым, къыIэрыхьа щIэныгъэр ехузыжри, зыхуейр къыхегъэщхьэхукI, зыхуэмейуэ къилъытэр «жыжьэ къуелъхьэ», зэгуэр хуэныкъуэ хъумэ къыдривеижыну. КIэщIу жыпIэмэ, щхьэ куцIыр компьютерым хуагъадэ, ауэ къыпхуэмыхутэну куэдкIэ нэхъ телъыджэу.

ТIУАПСЫ И ГЪУНЭГЪУЩ

Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм ди нобэми къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.

КЪЭРАЛПСО ЗЭПЕУЭМ ЩЫЕЩАНЭЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий ехъуэхъуащ Урысей чемпионатым ехъулIэныгъэ къыщызыхьа я лэжьакIуэхэм.
2023 гъэм щIышылэм и 24 - мазаем и 4-хэм Суздаль къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м Iэщэншэу зыхъумэжынымрэ самбэмкIэ и чемпионат.

Я ЛЭЖЬЫГЪЭМ КЪРИКIУАХЭР ЗЭХАЛЪХЬЭЖ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ.  Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм зэрыпэлъэщам.

ДЕРС ЩХЬЭПЭХЭР

Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щекIуэкIащ шынагъуэншэу псэуным, гъуэгухэм тэмэму щызекIуэным хуэгъэпса дерсхэр, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм лей зыщытехьахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа мастер-классхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке