ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Налшык къалэм и полицейхэм къалэ школхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерсхэр драгъэкIуэкI. Мурад нэхъыщхьэр хэкупсэу щы­тыныр, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуныр яхэпщэнырщ. 

Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм полицэм и къудамэ №2-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и майорхэу Мэкъушэ Расмиерэ Къэмбэчокъуэ Лянэрэ лIыгъэм и дерс къыщызэрагъэпэщащ рес­публикэм и къалащхьэм дэт курыт еджапIэ №21-м. Абы кърихьэлIащ иджыпсту екIуэкI зауэ Iуэхухэм хэтахэу КIыщ Тимур, Ширяев Андрей, Гергиев Аслъэн сымэ, «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» урысейпсо ве­теран зэгу­хьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Гелястанов Барэсбий. 
Совет Союзымрэ Урысеймрэ я лIыхъужьхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ къы­зэхуэсахэр. 
ХьэщIэхэр школакIуэхэм ядэгуэшащ я гукъэкIыжхэмкIэ, яхутеп­сэлъыхьащ сэлэтым и щытыкIэ-зыIыгъыкIэхэу дзэ къулыкъум ехьэ­лIа гугъуехьхэм пэзыгъэ­лъэ­щ­хэм, къулыкъур къадезыхьэкIахэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм и щапхъэ куэд къахьащ. 
- ШколакIуэ ныбжьыщIэхэм ялъэ­гъуащ, зыхащIащ лIыхъужь­хэр я гъунэгъуу зэрыпсэур, хахуа­гъэр, Хэкур фIыуэ лъагъуныр - ахэр цIыху нэсым и фIагъыу зэ­рыщытыр, - къыхагъэщащ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм. 
ЗэIущIэм и кIэухыу хьэщIэхэм ныбжьыщIэхэм жраIащ ехъулIэ­ныгъэхэр яIэну, спортым хэтыну икIи узыншэу псэуну зэрагуапэр, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыну, я Хэкур фIыуэ ялъагъуну къыхураджащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.