Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэбэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къагупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щызэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущымыгуфIыкIыу къанэркъым.
Тыркухэмрэ хьэрыпхэмрэ къатехьа лейм дегъэгумэщI, нэхъыбэжу дрогузавэ а къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу адыгэхэми я щхьэ кърикIуам. Псоми ящIэ адыгэхэр Тыркум зэрыIэпхъуэрэ гъунэгъуу зэбгъэдэсмэ нэхъ къащтэу, щIыпIэ зыбжанэм нэхъыбэу зэрыщызэхэтIысхьар. Апхуэдэ тIысыпIэхэм ящыщщ щIыр нэхъ ину щыхъея Кахраманмарашрэ Гёксунрэ.
Кахраманмараш Мараш вилайетым и къалащхьэщ. Дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Ди лъэпкъэгъу куэд щопсэу Гёксуни, Газиантепи, Хьэтаи. Гёксун къедза къуажэ 50-м щIигъум щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэр яхэту - Къаншууей, Инарыкъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэ-ахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жылэрэ. КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн жылэ-рэ я гъунэгъущ.
Мы зи гугъу тщIы къуажэхэм щIыр хуабжьу щыхъеящ. Ди лъэпкъэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, унэ зэтемыкъута къыдэнэжакъым джылахъстэней жылэхэм. Гузэвэгъуэр зылъыIэса щIыпIэр инщи, дэIэпыкъуэгъухэм, къегъэлакIуэхэм псори зэуэ яхузэщIэгъэхьэркъым. Тыркум и джылахъстэней щIыналъэм хуабжьу тогузэвыхь Анкара, Истамбыл дэс ди лъэпкъэгъухэр. ЗэрыжаIэмкIэ, а къуажэхэм дэсхэр къалэшхуэхэм зэрыщылажьэм къыхэкIыу, гъэмахуэм нэхъ щызэхуэсыж хабзэщ, ауэ иджыпстуи, мыкуэдми, цIыхухэр дэст къуажэхэм. Иджы абыхэм ялъэмыIэсыфу мэгуIэ.
Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Щоджэн Умит яхуэгузавэ псоми адыгэбзэкIэ закъыхуигъэзащ. ЗэрыжиIэмкIэ, махуитху лъандэрэ КАФФЕД-р жэщ-махуэ имыIэу мэлажьэ, къэралым къуэту. Унэ зэтещэхахэм щIэлъхэр къыщIэхыжыным, кърагъэлахэм псыкIэ, шхынкIэ, хущхъуэкIэ, щыгъын хуабэкIэ защIэгъэкъуэным иужь итщ. «Iуэхур зэрымытыншыр жыIэн хуейщ, ауэ дигу хэзыгъахъуэр дэнэкIэ щыIэ адыгэри къызэрытщIэупщIэрщ, я Iэ къихь къызэрамыгъанэрщ. Тхьэр арэзы къыфхухъу яжесIэну сыхуейщ мы махуэхэм къытщIэупщIэ ди къуэшхэм. Хэкуми, Иорданиеми, Израилми, Америкэми, Канадэми, Европэми щыпсэу адыгэхэр къыткъуэуващ. Нобэ хуэдэ зы махуэт къуэш къыщалъыхъуэри, адыгэм дигу ягъэкIуэдыркъым, сыт и лъэныкъуэкIи къызэрыддэIэпыкъуным иужьщ итхэщ», - жиIащ Умит.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт Хьэпэ Бильге жиIащ езыр зыдэс Анкараи хъыринэм хуэдэу зэрыщIиупскIэр, Тхьэм уелъэIун фIэкIа, нэгъуэщI зы Iэмал зэрыщымыIэр. Бильге къыхигъэщащ ахъшэкIэ куэдым зыкъызэрыщIагъакъуэр, ар банкым кърахыурэ Хасэм зэрырахьэлIэр, цIыху куэд къызэхуэсауэ жэщ-махуэ ямыIэу хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъур.
- Илъэс куэд щIауэ ягъэхъыбар, щIэныгъэлIхэми жаIэ Тыркум щIыхъей ин къыщыхъуну шынагъуэ зэрыщыIэр, дэ абы дыхиубыдащ, ди нэгу щIэкIащ мы махуэхэм, - жеIэ Емуз Бэязит. - Кахраманмарашрэ Газиантепрэ нэхъ дыщыщIиупскIами, къалипщI хуэдизым нэхъ гуащIэу щыхъеящ. Япэ махуэм и пщэдджыжьыпэм хуабжьу хъеящ щIыр, етIуанэ махуэм нэхъ иныжу къытригъэзэжри, мис абы щыгъуэм ди адыгэ къуажэхэм уни жьэгуи къыдинакъым, ди унэжьри яхэту. Унэхэм я процент 60 хуэдизыр щIым щIиIубащ, къэнахэри ущIэс мыхъуну зэтекъутащ. Ауэ, ди насыпти, щIымахуэм нэхъыбэр къалэхэм дэст. ИтIани, къыдэна щыIэхэщи, махуэ къэс цIыхуитI-цIыхуищу жылэхэм щыщIалъхьэ. Шыбзыхъуэхэ, Алборэхэ, УнащIэхэ, Хъущтхэ, Балъкъэрхэ, Хьэщэхэ, ХьэцIыкIухэ ящыщхэр зэрыхэкIуэдам я хъыбар зэхэсхащ, гуауэшхуэщ. ДяпэкIи къагъуэтыжынухэр щыIэщ, унэм зэрыщIэсар ящIэу, ауэ иджыри къамыгъуэтыжауэ цIэ-унэцIэхэр тхауэ яIыгъыу къалъыхъуэ. Адыгэ, тырку иIэкъым, псори гущIыхьэщ, хуабжьу гузэвэгъуэшхуэщ ди нэгу щIэкIыр.
Къайсэр щыпсэу Iэпщэ Сер-дал жиIащ Гёксунрэ Хьэтайрэ куэд зэрыщыхэкIуэдар, Мараш унэ куэд зэрыщызэтекъутар, къуажэхэр щIым щыщ зэрищIыжар. «Къайсэри фIыуэ щIиупскIащ, ауэ Iейуэ зэтрикъутахэм ящыщкъым. Иджыри къытрегъазэри, цIыхухэр унэм щIагъэхьэжыркъым. Си унагъуэр ди гъунэгъу еджапIэм щIэсу аращ», - жиIащ Сердал.
ЦIыхущхьэ зэрыхэкIуадэм егъэгумэщI ди лъэпкъэгъухэр, апхуэдэуи адыгэ щIыгу пэлъытэу, джылахъстэнейкIэ еджэу, яIа щIыпIэр щIы хъейм зэрыхигъэкIуэдэжар жагъуэ ящохъу.
Джылахъстэнейхэр зэрыс щIыпIэм илъэс къэс лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ. Адыгэ дадэ-нанэхэм я нэгум нурыр кърихыу, щIэныгъэ, IэщIагъэ яIэу къалэхэм дэс щIалэгъуалэр къекIуэлIэжарэ гушхуэу зэрызэхэтар си нэгу къыщIохьэж, къыщыткIухьа щIыпIэхэм иджыпсту щекIуэкIыр къызэрыщ сурэт шынагъуэхэм сыщеплъкIэ…
Мы махуэхэм дэнэ щыпсэу адыгэри я лъэпкъэгъухэм, Тырку, Сирие къэралыгъуэхэм зэрадэIэпыкъуным иужь итщ. Ахъшэ ирагъэхьмэ, зыхуэныкъуэхэр, цIыхур япэу зыхуей хъу хьэпшыпхэр, ерыскъы къращэхунщ жыхуаIэу, Iэмалхэр къалъыхъуэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр занщIэу пэджэжащ къэхъуа Iуэхум, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий яхуэгузэващ ди лъэпкъэгъухэм, махуэ къэси запещIэ, ядэIэпыкъун папщIэ щыIэ Iэмалхэр къегъэсэбэп. ДАХ-м къызэIуиха расчетнэ счетыр дзыхь зыхуэпщI хъуну Iэмалщи, тыдодзэ абы и реквизитхэр:
Получатель: «Международная Черкесская Ассоциация»
ИНН 0721002124
КПП 072501001
р/сч 40703810910000000308
Реквизиты банка: Банк «Нальчик» ООО
БИК: 048327741
Кор/сч 30101810700000000741
Назначение платежа: помощь пострадавшим от землетрясе-ния
Мы счетым ахъшэ езыгъэхьхэм +79287142799 телефоным е dahkbr@mail.ru электрон адресым фи цIэмрэ хэфлъхьамрэ евгъэхьыну къыволъэIу, ябжыфын щхьэкIэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.