|
Статьи на кабардинском языке
12 февраля, 2023 - 06:03
Тхьэмахуэ махуэ кIуам и пщыхьэщхьэм, Налшык и Дей хадэм ит, Афганистаным щекIуэкIа зауэм зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щызэхэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» акцэр. Ар къызэригъэпэщащ «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэмрэ фэбжь хэзыхахэм-рэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и «Вете-ран» щIыналъэ къудамэм.
12 февраля, 2023 - 06:03
ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым ди гулъытэр нэхъыбэу, дауи, зыхуэгъэзар егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэ мытыншым хьэлэлу пэрытхэращ. Апхуэдэхэм ящыщщ къытщIэхъуэ щIэблэм илъэс 35-м нэсауэ яхэт, Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къурашэ Эммэ.
11 февраля, 2023 - 09:35
Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щекIуэкIащ шынагъуэншэу псэуным, гъуэгухэм тэмэму щызекIуэным хуэгъэпса дерсхэр, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм лей зыщытехьахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа мастер-классхэр.
11 февраля, 2023 - 06:03
Налшык къалэм дэт, сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» иджыблагъэ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ къудамэр къызэрыщызэIуахым ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ.
11 февраля, 2023 - 06:03
Тхыгъэ зыбжанэм дыщытепсэлъыхьат КъухьэпIэ Кавказым щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ящыщу Фыщт Iуащхьэжьым блэкIым щIалиплIыр (Бышэн Хьэбасрэ сэрэ, ныбжьыщIэхэу Бышэн Аслъэнрэ Мэремыкъуэ Амиррэ) дызэрырикIуам. Мыри абыхэм къапызыщэщ.
11 февраля, 2023 - 06:03
Тыркум щыпсэу адыгэ тхьэмадэхэм ящыщ зым зэгуэрым зыхуагъэзат адыгэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI нэщэнэхэр къахурибжэкIыну.
10 февраля, 2023 - 06:25
Ленинград щIыналъэм мыгувэу къыщызэIуахынущ хьэпшыпхэр къыщагъэщIэрэщIэж дунейпсо IуэхущIапIэ. Апхуэдэ Урысейм иджыри къэс зэи иIакъым.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ, Ленинград щIыналъэм и губернатор Дрозденкэ Александр сымэ зыщагъэгъуэзащ IуэхущIапIэр къызэIуахыным и Iуэхур здынэсам.
10 февраля, 2023 - 06:25
Япэ гулъэф (рельс) гъуэгуу къалъытэ «Диолк»-р, ди эрэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм гухэр къыщралъэфэкIыу щытар. Ар мывэ сэхум дэтIыкIат. ИужькIэ зэралъэф гъуэгухэр Европэм къыщыунэхуащ. Пхъэм къыхэщIыкIа гулъэф гъуэгухэр куэду щыIэт шахтэхэм я деж. Абдеж къыщыщIах мывэ лIэужьыгъуэхэр кхъухьыр здэщыIэм нагъэсырт абыхэмкIэ.
10 февраля, 2023 - 06:25
Лышх узыфэхэм щеIэзэ, щадж, Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ операцэ телъыджэ. Абы и дохутырхэм кърагъэлащ си бгъэгумрэ пщэмрэ опухоль абрагъуэм иубыда сымаджэр.
9 февраля, 2023 - 09:35
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, 2023 гъэм мазаем и 16-м къыщегъэжьауэ и 18 пщIондэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хэгъэгупсо хэкупсэ Iуэхугъуэ щекIуэкIынущ.
Страницы
|