Гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм щыхэплъэжащ 2022 гъэм а IэнатIэм щызэфIагъэкIахэр, дызыхыхьэ илъэ­сым ялэ­жьынухэри абдеж щагъэбелджы­лащ. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и Пра­вительс­твэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ абы и къуэдзэ Хъубий Маратрэ.  
 
IуэхущIапIэм и унафэщI Асанов Алим тепсэлъыхьащ 2022 гъэм къриубыдэу гулъы­тэ нэхъыбэ зыхуащIамрэ зи яужь итахэм ящыщу нэхъ зыщехъулIахэмрэ.  
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм мазищ къэс къепщытэж бюджетым пыщIа IэнатIэхэм Iутхэм я лэжьапщIэр зэрыIэрагъэхьэ щIы­кIэр зыхуэдэр. Апхуэдэу, 2022 гъэм къриубыдэу, IуэхущIапIэ 500-м щIигъум улахуэр зэ­рыратыжа щIыкIэр щызэхалъхьэжым, IупщI къэхъуащ зи гугъу тщIы IэнатIэхэм Iутхэм я лэжьапщIэр, ику иту къатщтэмэ, ­проценти 8-кIэ республикэм зэрыщыхэ­хъуар. 
Министрым и псалъэм тетщIыхьмэ, гъэ кIуам КъБР-м зи къару илъыгъуэхэм ящыщу, лэжьапIэ Iумытхэм я бжыгъэр зэрыщыхъуар процент 1,7-м нызэрыхьэсщ (зи гугъу ищIыр апхуэдэ IуэхукIэ закъыхуэзыгъэзахэрщ). Ар 1,5-кIэ нэхъ мащIэщ 2021 гъэм зэрыщытам нэхърэ.
Украинэм щекIуэкI Iуэхугъуэ пыухыкIахэм хэ­тын папщIэ, республикэм щыщу ираджахэм зи гугъу тщIы министерствэм 2022 гъэм и фо­кIадэм къыщыщIэдзауэ мазэ къэс ахъшэ яхухегъэкI. Къи­нэмыщIауэ,­ Херсон областым къикIыу пIалъэкIэ ди щIыналъэм щыпсэуну къэкIуахэми защIегъа­къуэ. 
Нэгъабэ къриубыдэу, КъБР-м и бюджетым къыхэкIыу, республикэм лэжьапIэншэу къыщалъытахэм, псори зэхэту, сом мелуан 227,2-рэ хухахащ. 
Асанов Алим зэригъэбелджыламкIэ, зи пашэ IэнатIэм гъэ кIуам дэIэпыкъуныгъэкIэ къащыгугъхэм къабгъэдэкI лъэIу тхыгъэу 682-рэ къыIэрыхьащ. Ахэри яхэту, социальнэ и лъэныкъуэкIэ зызыщIагъэкъуахэм, псори зэхэту, сом мелуан 238-рэ сом мин 852-м нэблагъэ иратащ. Зауэ зэпIэщIэувэныгъэм зи щIалэ хэкIуэда унагъуэ 84-м ящыщ дэтхэнэми сом мелуан зырыз Iэрагъэхьащ. УIэгъуэ зыгъуэта 461-м, псори зэхэту, сом мелуани 138,3-рэ иратащ.
Бын куэд зиIэ унагъуэхэм ящыщу 600-м мазэ къэс зэрызыщIагъэкъуэнум щыхьэт техъуэ сетрификатхэр Iэрагъэхьащ, нэхъ хуэ­мыщIахэм ящыщу 166-м, псори зэхэту, сом 41250-м нэблагъэ иратащ. 

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.