Статьи на кабардинском языке

Гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм щыхэплъэжащ 2022 гъэм а IэнатIэм щызэфIагъэкIахэр, дызыхыхьэ илъэ­сым ялэ­жьынухэри абдеж щагъэбелджы­лащ. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и Пра­вительс­твэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ абы и къуэдзэ Хъубий Маратрэ.  
 

IУАЩХЬЭ НЫБЭКЪЫМ И ЩЭХУ ТЕЛЪЫДЖЭР

ЦIыхур щэкIуэн-щыпэным къыпыкIыу, кхъуэщын игъэжын, гъущIхэкIхэм ирилэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIакъым – илъэс мини 6-7 хъуми аращ. Абы ипэIуэкIэ ящIа археологие ухуэныгъэхэмрэ фэеплъхэмрэ умылъыхъуэми хъунущ. Сыту жыпIэмэ, ахэр зэрищIын Iэщэрэ Iэмэпсымэрэ иIакъым цIыхум.

ГИЖГИН ГУЭЛЫР ДАХЭМИ…

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм, комбинатым пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр тIууэ зэщхьэщокI, щIыр щIотIысыкIри.

МЕДИЦИНЭ IУЭХУЩIАПIЭХЭМ КЪАХУЭЩХЬЭПЭНУХЭР

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ  Рустам. Зэхуэ-асыр теухуат республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм.

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Налшык къалэм и полицейхэм къалэ школхэм щеджэхэм лIыгъэм и дерсхэр драгъэкIуэкI. Мурад нэхъыщхьэр хэкупсэу щы­тыныр, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуныр яхэпщэнырщ. 

УРЫСЕЙПСО КЪЫХЭТХЫКIЫМ КЪРИКIУАХЭР

Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэ­гъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысей­псо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ ­кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ.

ГУРЭ ПСЭКIЭ ДАЩIЫГЪУЩ ДИ ЛЪЭПКЪЭГЪУХЭМ

Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм дуней псор кIэлъоплъ, ирогузавэ, сэ­бэп зэрыхъуфын щIыкIэхэр къа­гупсысурэ зыхуэныкъуэхэр ирагъашэ, къегъэлакIуэхэр щы­зэхуос. Ди жагъуэ зэрыхъущи, хэкIуэдауэ къагъуэтыжым я бжыгъэр сыхьэт къэс нэхъыбэ мэхъу, кърагъэлхэр нэхъ мащIэми, зы цIыхущхьэм ущы­мыгуфIыкIыу къанэркъым.

Зыужьыныгъэм и Iэмал гъуэзэджэ

Мы махуэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Илъэс 300-м нэскIэ узэIэбэкIыж­мэ, 1724 гъэм и мазаем и 8-м урысей пащтыхь Пётр Езанэм Iэ три­дзауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къызэ­ры­щы­зэрагъэпэщым теухуа унафэм. Абы къыщежьащ щIэныгъэлIхэм я махуэщIыр Iэтыныр. 

Шэху уэздыгъэ 54-рэ

Тхьэмахуэ махуэ кIуам и пщыхьэщхьэм, Налшык и Дей хадэм ит, Афганиста­ным щекIуэкIа зауэм зи ­къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щы­зэхэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» акцэр. Ар къызэ­ригъэпэщащ «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ны­къуэдыкъуэ хэхъухьахэмрэ фэбжь хэзыхахэм­-рэ» урысейпсо жылагъуэ зэгу­хьэныгъэм и «Вете­-ран» щIы­налъэ къудамэм.

IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ...

ЕгъэджакIуэмрэ унэ­тIа­кIуэмрэ я илъэ­сым ди гулъытэр нэхъыбэу, дауи, зыхуэгъэзар егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэ мы­тыншым хьэлэлу пэрытхэращ. Апхуэ­дэхэм ящыщщ къытщIэхъуэ щIэблэм илъэс 35-м нэсауэ яхэт, Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шы­бзыхъуэ Иннэщ) адыгэбзэмрэ литерату­рэм­рэ щезыгъэдж Къурашэ ­Эммэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке