Статьи на кабардинском языке

Депутатхэр топсэлъыхь КъБР-м и бюджет зэгуэтым налогхэр къыхузэщIэгъэуIуэным

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б. иджыблагъэ иригъэ­кIуэ­кIащ республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и Президиу­мым и чэзу зэIущIэр.

Зэгъунэгъу щIыналъэхэр зэман къэкIуэнум дауэ зэрызэдэлэжьэнур

Жэпуэгъуэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэсым щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр республикэм и Парламентым и Президиумым хэтхэмрэ депутат фракцэхэм я унафэщIхэмрэ яхуэзащ

КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и Президиумым хэтхэмрэ депутат фракцэхэм я унафэщIхэмрэ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур тэмэму зэрырахьэкIым, гъэ­зэщIакIуэ властым и органхэм зэра­дэлажьэм папщIэ.

КъалэныщIэхэр яубзыху

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ абы къы­дэлажьэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2018 гъэм и ещанэ ­мазищым кърикIуа­хэм.

Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ягу къагъэкIыж

Хабзэхъумэхэм я
ЩIыхь аллеем

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэ­жьа­кIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэ­зытахэр. Налшык ще­кIуэ­кIащ фэеплъ пэкIу.

КIуэкIуэ Казбек Аруан, Май, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн районхэм я мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щыIащ икIи республикэм и бизнес IэнатIэм и лэжьакIуэхэм яхуэзащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Аруан, Май, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн рай­он­хэм я мэкъумэш IуэхущIапIэхэм щыIащ. Республикэм и унафэщIыр яIущIащ Бахъсэн къалэм и агропро­мышленнэ бизнес-инкубаторым ще­кIуэкIа бизнес зэхыхьэм хэтахэм.

Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек

Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр а комитетым и тхьэмадэ, Урысейм и ФСБ-м и унафэщI Бортников Александр иджы­благъэ Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Махуэ гукъинэж

Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я IX фестивалыр Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэм жэпуэгъуэм и 5-м щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ КИФЩI-м хиубыдэ щIыналъи 7-м я лIы­кIуэу 700-м щIигъу.

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий. Республикэм и унафэщIыр «Бжьыхьэ дыщафэ-2018» гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ

«Бжьыхьэ дыщафэ» ХХ урысей агропромышленнэ выставкэр и лэжьыгъэм хиубыдэу дыгъуасэ Москва щызэхуэзащ Урысей Федерацэм мэкъумэш ­хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке