Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек

Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр а комитетым и тхьэмадэ, Урысейм и ФСБ-м и унафэщI Бортников Александр иджы­благъэ Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэм щыхэплъащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм терроризмэм пыщIауэ къыщыхъу щIэпхъэджагъэхэр хуэдитIым щIигъукIэ зыгъэмэщIа Iэмалхэр, профилактикэ Iуэху­хэр адэкIи къызэрагъэсэбэпынум.
Комитетым и зэIущIэр къыщызэIуихым Бортников Александр къигъэлъэгъуащ IэнатIэ псори зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэ­жьам и фIыгъэкIэ щэхурылажьэ бандэ­хэм нэгъуэщI къэралхэм къикIыу къыIэ­рыхьэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрызэпаудар, апхуэдэу абыхэм я финанс зэфIэкI­хэр зэрамыIэжыр. ШынагъуэншагъэмкIэ органхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ­ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ ды­зэрыт илъэсым терроризмэм пыщIа щIэпхъаджагъэу 6 къызэпаудащ, щIэп­хъаджащIэу 63-рэ, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу 142-р яубыдащ, боевик 50 яукIащ.
Ауэ абыхэм къадэкIуэу, къигъэлъэ­гъуащ Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и тхьэмадэм дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм зыщиуб­гъункIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Мыбдеж щIэгъэкъуэн къащIынкIэ хъунущ Къуэ­кIы­пIэ Гъунэгъум и къэралхэм щекIуэкIа зауэхэм хэтахэм ящыщу къэзыгъэзэжхэр.
Терроризмэм и идеологиер щIалэгъуа­лэм я деж щыпхыгъэкIыным елэжьхэр мащIэкъым. Террористхэр хущIокъу за­лы­мыгъэ Iуэхухэр лэжьыным балигъ мыхъуахэр къыхашэну.
Терроризмэм и шынагъуэхэр и зэманым къыщIэгъэщынымкIэ, профилактикэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ мы­хьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм щыIэ щыты­кIэм зэпымыууэ кIэлъыплъыным. Терро­рым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и тхьэмадэм Террорым пэщIэтынымкIэ ­комиссэхэм я унафэщIхэр къыхуриджащ а Iуэхум гулъытэ хэха хуащIыну, муниципалитетхэм террорым пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэхэм зыхуэфащэ дэIэпы­къуныгъэ зэпымыууэ иратыну.
ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ терроризмэм пэщIэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэми.
Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ ко­ми­тетым и зэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэр, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэхэм террорым пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэхэм я унафэщIхэр, гъэ­зэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм, хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэр.
 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.