Статьи на кабардинском языке

Доброволецхэм (волонтёрхэм) я зэщIэхъееныгъэмрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ Къэрал советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ КIуэкIуэ Казбек

Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. Къэ­рал советым и зэIущIэ Кремлым щригъэкIуэкIащ доброволецхэм (волон­тёрхэм) я зэщIэхъеены­гъэмрэ социальнэ Iуэху­хэм телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр ­пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.

Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм ИлъэсыщIэ уэздыгъэхэр щыщIагъанэ

Кавказ Ищхъэрэм бгы лыжэкIэ къыщажыхь и курортхэм а спорт лIэужьы­гъуэр фIыуэ зылъагъу псори кърагъэб­лагъэ 2019 гъэм къуршхэм щыIущIэну. ­Курорт псоми къызэрагъэпэщынущ цIыкIухэри балигъхэри дэзыхьэхыну ­нэгузыужь Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр.

Псей нэхъыщхьэм деж

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн ­къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и утыкум деж ды­гъуасэ ИлъэсыщIэ зэхы­хьэ дахэ щекIуэкIащ. Псей ­нэхъыщхьэм зэхуишэсат цIыкIуи ини, псоми фIыуэ ялъагъу махуэшхуэм пежьэу.

Зэпеуэм щытекIуахэр

«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр зэриухам теухуа ­гуфIэгъуэ зэхыхьэр Налшык дэт Музыкэ ­театрым дыгъэгъазэм и 22-м щекIуэкIащ. ­КъекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ ­Каз- бек.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ «ЛъагапIэщIэ» конкурсым хиубыдэу къызэрагъэпэща «IэщIагъэхэм я жармыкIэ» Iуэхум

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ «ЛъагапIэщIэ» республикэ конкурсым и кIэух Iыхьэм хиубыдэу Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщы­зэ­рагъэпэща, «IэщIагъэхэм я жармыкIэ» Iуэхум.

КIуэкIуэ Казбек Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ къэрал комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ

Связым и видеоконференц Iэмалыр къигъэсэбэпри, Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ къэрал комитетым и зэ­IущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм и кIэух Iыхьэр йокIуэкI

Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъэ­гъазэм и 19-м щыщIидзащ «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм.

Ди щIэныгъэ лэжьакIуэхэм я ехъулIэныгъэщIэ

Корее Ипщэм и къалащхьэ Сеул гъэлъэгъуэныгъэхэр, конференц­хэр щрагъэкIуэкI и комплексым дыгъэгъазэм и 6 - 9-хэм щызэхэтащ SIIF-2018 дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-жармыкIэ. Зэхыхьэм утыку къыщрахьащ щIэныгъэ къэхутэныгъэщIэхэр, абыхэм цIыхухэм я дежкIэ сэбэпынагъыу пылъыр хэIущIыIу щащIащ, апхуэдэуи а лэжьыгъэм фейдэ къыпэкIуэн хуэдэу къызэгъэпэщынми щы­теп­сэ­лъы­хьащ.

Адыгэ лъэпкъым и насып ин Темыркъан Юрий

«Дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр», «Макъамэбзэм и пащтыхь», «Иджырей ­зэманым и дирижёр щэджащэ», «Дирижёр Iуэ- хум и тхьэ» цIэ лъагэхэр зы­фIаща, дуней псом и ­макъамэ гъуазджэм зи цIэр щыпэрыт, зи щIыхьыр Урысей Федерацэм щы- н­эхъ лъагэхэм ящыщ ди лъэпкъэгъу Темыркъан Юрий Хьэту и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 щрикъур УФ-м и мызакъуэу, дуней псом щагъэлъэпIащ.

Нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зопсалъэ

Республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм щIалэгъуалэр кърагъэблэгъащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке