Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат сымэ Мейкъуапэ щызэхуозэЖэпуэгъуэм и 20-м Мейкъуапэ щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат сымэ. Законхэр къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ властым я лIыкIуэхэр зыхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм жылагъуэ зэгурыIуэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ щыгъэ-быдэным, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щIалэгъуалэ политикэм я IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным, лэжьакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ хэгъэхъуэным ятеухуа программэхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным, щIалэгъуалэм я щIыналъэ лагерхэмрэ зэхыхьэшхуэхэмрэ къызэгъэпэщыным, щэнхабзэ, гуманитар зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным, абы хиубыдэу КъБР-р, КъШР-р, Адыгейр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа Iуэхухэр гъэхьэзырыным.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|