КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий. Республикэм и унафэщIыр «Бжьыхьэ дыщафэ-2018» гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ

«Бжьыхьэ дыщафэ» ХХ урысей агропромышленнэ выставкэр и лэжьыгъэм хиубыдэу дыгъуасэ Москва щызэхуэзащ Урысей Федерацэм мэкъумэш ­хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

Ахэр тепсэлъыхьащ республикэм и ­агропромышленнэ комплексым зегъэу­жьыным, IэнатIэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ етыным ехьэлIа Iуэхухэм. Гулъытэ ­хэха хуащIащ мэкъумэшыщIэхэм Iуэху щхьэхуэхэм трагъэкIуадэ ахъшэм щыщ хуапшыныжын папщIэ къаутIыпщ ахъ­шэм хэгъэхъуэным. Апхуэдэу хэплъащ ­къуажэ щIыналъэхэм зэпIэзэрыту зегъэу­жьынымкIэ программэм тету республикэм и жылагъуэхэр псыкIэ къызэрызэрагъэпэщ системэхэр щыухуэным трагъэ­кIуэдэн папщIэ къаутIыпщ ахъшэр 2019 гъэм нэхъыбэ щIыным.
КIуэкIуэ Казбек и пашэу Къэбэрдей­-Балъкъэрым икIа делегацэр хэтщ «Бжьы­хьэ дыщафэ-2018» агропромыш­леннэ выс­тавкэм. Ар ЦIыхубэ хозяйствэм и ­ехъулIэныгъэхэр щагъэлъагъуэу Москва щыIэ выставкэм щылэжьэнущ жэп­уэгъуэм и 10 - 13-хэм.
Къэралым и мэкъумэш зэхыхьэ нэхъыщхьэм республикэм утыку къыщрилъ­хьащ КъБР-м ираша продукцэ зэ­мы­лIэужьыгъуэу 200-м щIигъу. Ахэр «Агро-инвест», «Ипщэ щIыналъэм и хадэ­хэкI­хэр», «Компание щхъуантIэ», «Нал­шык» хьэлывэ завод», «Налшык гъэш комбинат», «Iуащхьэмахуэ и жыг хадэхэр», ­«Бахъсэн и жыг хадэхэр», «Фрукт-Трейд» компаниехэм, «Жако» IэфIыкIэ фабрикэм, Прохладнэ щIакхъуэ заводым, «Отбор», «Гибрид СК», «Дзэлыкъуэ кIэртIоф» IуэхущIапIэхэм, бгылъэ щIыпIэхэмрэ ­лъапэхэмрэ жыг хадэхэр щыгъэкIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-къэхута­кIуэ институтым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым, КъБР-м и нэгъуэщI предприятэ зыбжанэм къыщалэжьащ.
«Бжьыхьэ дыщафэ» урысейпсо агропромышленнэ выставкэр Урысей Федерацэм и Правительствэм и унафэкIэ гъэ къэс ирагъэкIуэкI Мэкъумэш хозяйст­вэмрэ ерыскъыпхъэхэм елэжь про­мышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.

 

 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.