Махуэ гукъинэж

Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я IX фестивалыр Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Грознэм жэпуэгъуэм и 5-м щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ КИФЩI-м хиубыдэ щIыналъи 7-м я лIы­кIуэу 700-м щIигъу.

Фигу къэдгъэкIы­жынщи, Кавказ Ищхъэрэм къыщрахьэ­жьа Iуэхугъуэ щхьэ­пэм и япэ зэхуэсыр Къэрэшей-Шэрджэ­сым и Хьэбэз райо­ным щекIуэкIащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым «Кавказ ­джэгухэр» Черкесск ягъэ­Iэпхъуащ. Ещанэ зэхуэсыр 2012 гъэм Налшык, еплIанэр 2013 гъэм Псыхуабэ щызэхашауэ щытащ. АдэкIэ фести­валыр 2014 - 2017 гъэхэм (зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу) Грознэ, Мэхъэчкъалэ, Наз­рань, Владикавказ къалэхэм щекIуэкIащ. Иджы, мис, 2018 гъэм, «Кавказ джэгухэр» Шэшэным и щыхьэрым аргуэру щрагъэкIуэкIащ. Ар ап­хуэдэуи ирырагъэ­хьэлIащ Грознэ къалэр къызэрыунэхурэ илъэс 200 щрикъум.
Гу лъытапхъэщ, зи гугъу тщIы фестивалыр къызэры­рахьэжьэрэ куэд дыдэ дэмыкIами, абы и лъэр Кавказ Ищхъэрэм быдэу зэрыщыувам. Шэч къытетхьэркъым, ар ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ, ди зэ­хуаку дэлъ щэнхабзэ-спорт зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зегъэубгъунымкIэ IэмалыфIу зэрыщытым.

Гъуэгу щIэщыгъуэ

Грознэ къалэ япэу сыщыды­-   хьар, ди университетыр къэзухауэ, физикэмкIэ егъэджакIуэу Шэ­шэ­ным сыщагъэкIуауэ щыта 1979 ­гъэращ. Зэрынэрылъагъущи, абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ, а щIыналъэми къыумыцIыхужын хуэ­дизу зихъуэжащ. Апхуэдэу зэ­рыщытыр а махуэм си нэгу щIэкIащ.
«Мыр сыту телъыджэ! Пэж дыдэуи, къызэрыджаIауэ дахи!» хужыпIэну, Грознэр дунейм тет ­къалэшхуэхэм зэрызыхуагъэфащэу зыкъизыхщ. Ауэ, семыжьэ ипэкIэ къызэпсэлъахэм сызэрырагъэгупсысауэ, ар ямылейуэ къыс­щыхъуакъым. Уеблэмэ, си щхьэкIэ къэслъытащ, зэман куэд дэмы­кIыу, ди республикэм и къалащхьэми, езым и плъыфэхэр иIэжу, апхуэдэ дыдэу, ухуэныгъэ уардэхэр дэту, зыхуэужьыну. АрщхьэкIэ, ар кIуэрыкIуэм тету къысхуэкIуа гуп­сысэщи, мызыгъуэгукIэ лъэны­-къуэ езгъэзынщ.
Журналистхэр дызэрыкIуа «гъущIышыр» жыжьэу дгъэувын хуей хъуати, гуфIэгъуэр къыщаIэта щIы­пIэм километритIым нэскIэ лъэсу дыкIуащ, Кадыров Ахъмэт и цIэр зезыхьэ уэрам дахэкIейм и бгъуитIымкIи зыкъыщызэкъуэзых теп­лъэгъуэхэм защыдмыгъэнщIу, къа­лэ ин дыдэ гуэрым дыдэту къытщагъэхъуу.

Фестивалыр
щекIуэкIым  дынос

Лъэпкъ пщIантIэ гъэщIэрэщIахэр къыщрагъэувэкIа утыкум ­ды­щынэсым, япэу дызыIущIар Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и хэщIапIэращ. ЩIыпIэ жыжьэ дыкъы­щыхутауэ, абы дыдэмыхьэу дыб­-лэкIынт? Дыкъэзылъэгъуахэм «Нал­шык къикIахэм зыхуейр къагъуэта хуэдэщ!» къытхужаIа къы­щIэкIынт, а пщIантIэм къыщыт­лъагъум апхуэдизу дыгуфIати.
Ди пшынауэхэм ягъэзащIэу абы къыдэIукI макъамэ дахэхэр гум ехуэбылIэрэ псэм къыхэпсэу, куэбжэ зэIугъэузэщIыкIамкIэ дыды­хьащ. Асыхьэтым гу зылъыттар аращи, щIыпIэрысхэр щымащIэ­тэкъым ди хэщIапIэм, щIалэгъуали, сабии, уеблэмэ зи ныбжь хэ­кIуэтахэри яхэту. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу: адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм   я щэнхабзэр, тхыдэм къахуигъэна IэпщIэлъапщIагъэхэр зыхуэдэр къызыхэщ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщегъэувэкIа дапхъэхэм тетт.
ПщIантIэкум и бгъумкIэ, гу ялъ­у­мытэнкIэ Iэмал имыIэу, адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа пщащэ зыкъизыххэр къыщытт. Я гъусэу сурэт зытрезыгъэхыну гукъыдэж зиIэу къабгъэдыхьэхэм ахэр ап­хуэдизу ящхьэщылъэгыкIти, япэ­щIыкIэ ди гугъащ Грознэм къа- шар ди хъыджэбзхэм ящыщу            нэхъ щхьэпэлъагэ дыдэхэр арауэ. АрщхьэкIэ, тIэкIу зыщагъазэм, пща­щэхэр пхъэ вакъэ Iувхэм зэрытетыр къэтлъэгъуащ, итIани, дэ къыдгурыIуа щхьэкIэ, а Iуэхум бы­сымхэми хьэщIэхэми хамы­щIы­кIынкIэ зэрыхъунум драгъэгуп­сы­сыжу. Пэж дыдэу, иужькIэ адрей пщIантIэхэми зыщытплъыхьати, ящыщ гуэрхэми дызыщрихьэлIа пщащэхэм я деж апхуэдэ къызэ­рыщемыкIуэкIым щыхьэт дыте­хъуащ. ЖытIэну дызыхуейр ара-щи, тлъэгъуа псоми къахэщхьэ­хукIыу, дыдейхэр нэхъ уардэти, ­нэхъ дахэуи къытщыхъурт, къеплъхэм зэрагъэщIэгъуэнур ямы­щIэу, «мыхэр сыту зэкIуж защIэ!» къыхужаIэу.
Ди «пщIантIэм» дыдэтыху, нэ­гъуэщI удэзыхьэх гуэрхэри ди нэгу щIэкIащ. Абыхэм ящыщ зыт Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс ­иригъэкIуэкIа дерс-теплъэгъуэхэу къедаIуэ, къеплъа псоми телъы­джэ ящыхъуахэр. Сэшхуэу къегъэтIылъэкIахэм абы адыгэ щIы-кIэу гъэпсар къыхихырти, и уп­щIэтэкIэр къызэхуэсахэм я нэгу щIигъэкIырт, и дэIэпыкъуэгъум иубыда баш упсар иризэпигъэ­лъэлъурэ, тхылъымпIэ Iувыр за­хуабзэу иризэпиупщIурэ. Абы щыгъуэми езыр адыгэ фащэ къы­зыхуэтыншэкIэ зэщы­хуэпыкIарэ и зыгъэзэкIэхэм къарыкIым, къызэ­хуэсахэм зэхахыу, тепсэлъыхьы-жу.

ПщIантIэ  псоми
удахьэх

Ставрополь крайм и «хэщIапIэр» нэхъ инт, адрейхэм елъытауэ. Абы апхуэдиз щIы Iыхьэ щIылъагъэсар къыдгурымыIуэурэ дыщыдыхьэм, гу лъыттащ я дапхъэхэр, «темылъ щымыIэм» хуэдэу, зэрыкуэ­ды­кIейм. Ауэ, нэхъ телъыджэжу къыс­щыхъуар аращи, мыпхуэдэ зэхы­хьэхэм сыкъызэрыкIуа илъэсхэм къриубыдэу си нэгу зэрыщIэкIауэ, гъэ къэси хуэдэу, абы и IухьэпIэ бжыхьым кIыхьу щрагъэувэкIа Iэнэхэм шхыныр уэру щызэрахьэрт, уеблэмэ, япэрей я зэхэшэ­гъуэхэм нэхърэ нэхъыбэжу.
ЖыпIэнурамэ, дыздэщыIа пщIан­тIэ псоми, абыхэм я Iэшэлъашэми цIыху зэщыгуфIыкIыжхэр, зэхуэ­гуапэхэр щыплъагъурт, зы­щыщ лъэпкъкIэ ар ирешэшэн, нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэрауи щры­рети, ­псоми мамырыгъэр я нэгум къипсрэ зэхуэсакъыжхэу.
Ставрополь крайм и пщIантIэм сызыщрихьэлIахэм сэ нэхъ къа­-     хэ­зубыдыкIар сурэт телъыджэу ­ира­гъэувэкIахэрщ. СызыIущIар згъэ­щIагъуэу зыкъыщезгъэзэ-кIым, си щIыбагъым къыдэту къы­щIэкIащ пщIантIэм дыщыдыхьэм япэу къытпежьахэм яхэта, щыгъын хэплъыхьакIэ хуэпа щIалэр. Ды­зыбгъэдэт лэжьыгъэхэр къыздрахам я гугъу къытхуищIу, езыми зыкъыдигъэцIыхуну сыщелъэIум, абы жиIащ:
- Карагодин Егор. Ставрополь ­къалэ дэт Тхыдэ-щэнхабзэ, щIы­уэпс теплъэгъуэхэмкIэ музейм и унафэщIым срикъуэдзэщ. Лэжьыгъэхэр «Кавказым и бгырысхэр - сурэтыщIым и нэхэмкIэ» зыфIэтща ди гъэтIылъыгъэм къыхэтхащ. Я нэхъыбэр лIэщIыгъуэ блэкIам и    20-30 гъэхэм ящIащ. Тхыдэ мы-  ­жы­жьэм къызэрыхэщыжымкIэ, сурэтхэр музейм къыщыIэрыхьа-ри а илъэсхэращ. Ахэр зэмы­лIэужьы­гъуэбэщ. Абыхэм къы­зэщIаубы­дэри къагъэлъагъуэри а лъэхъэ­нэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Шэ­шэным, Ингушым, Къэ­рэшей-Шэр­джэсым, Дагъыс­тэ­ным, Осе­тие Ищхъэрэм щыпсэуа цIыху­хэм яIа щыIэкIэ-псэукIэрщ, теп­лъэрщ. Къыхэдгъэщынщи, езы кол­лекцэр инщ: лэжьыгъэ псоми я бжыгъэр 400-м ноблагъэ.

Ныбжьэгъугъэмрэ гуапагъэмрэ  зыхащIэ

А махуэр уфауэ, тIэкIу щIыIэбжьу щытами, спорт зэхьэзэхуэхэр зэ­рекIуэкIым еплъыну стадионым щызэхуэсхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хэхъуэ зэпытт, я нэфIэгуфIагъэм зэрызиIэтми гу лъыптэрт.
СпортымкIэ зэхьэзэхуэхэр лIэу­жьыгъуэ 12-кIэ зэщхьэщыхауэ щытащ: кIапсэ дэпщеикIэмкIэ, хьэлъэ къэIэтынымкIэ, жыжьэу лъэнымкIэ, баш псыгъуэ кIыхьхэм тету ­утыкум къыщыкIухьынымкIэ, ат­летикэ псынщIэм и теплъэгъуэхэмкIэ, хьэлъэ къехьэкIынымкIэ, бэ­нэкIэ IэмалхэмкIэ, IэпщэкIи кIап­сэкIи зэпекъунымкIэ, шабзэкIэ ­нэщанэ еуэнымкIэ, мини-футболымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэ­кIуащ зэхьэзэхуэхэм хэты-ну, ахэр зэрекIуэкIым кIэлъып­лъыну спортсмен 37-рэ, гъэсакIуи 3-рэ судьяуэ 4-рэ.
Кавказ Ищхъэрэм Щэнхабзэмрэ спортымкIэ и IX фестивалым щы­зэхаубла зэпеуэхэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым, наIуэ къэхъуащ япэ увыпIэр Шэшэн Республикэм, етIуанэр Дагъыстэным, ещанэр Ингушым икIахэм къызэрахьар. КъБР-м и командэ къыхэхар мып­хуэдэ фестивалхэм тIэунейуэ пашэ щыхъуа пэтми, иджырей зэ­хьэ­зэхуэхэм къыщихьар еплIанэ увы­пIэрщ.
Зэхыхьэм и зэхуэщIыжыгъуэм къыщыпсэлъа псоми къыхагъэщащ фестивалыр къызэзыгъэпэщахэм ар къазэрехъулIар, зэщIэ­къуарэ дахэу егъэкIуэкIынымкIэ яхузэфIэкI псори зэралэжьар, щра­гъэкIуэкIа спорт зэхьэзэхуэхэр, щэнхабзэ гъэлъэгъуэныгъэхэр щы­зэхуэсахэм, ныбжьэгъугъэрэ гуа­пагъэрэ зыхащIэу, фIыкIэ ягу къи­нэжын, зихуэдэ щымыIэу къащыхъун папщIэ. ДяпэкIэ мы зэхыхьэм нэхъри зегъэубгъун, Кавка­зыш­хуэм и лIыкIуэхэри къегъэблэгъэн зэрыхуейри щыжаIащ мы фестивалым.
А псом яужькIэ ирагъэкIуэкIа концертри хуабжьу удэзыхьэхт     икIи гукъинэжт. Абы Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм ­хиубыдэ хэгъэгу псоми я художественнэ гупхэм зыкъыщагъэлъэ­гъуащ. Жэщыр фIыуэ хэкIуэтауэщ щызэхуащIыжар цIыху мини 2-м нэблагъэ щызэхуэса стадионым щаIэта гуфIэгъуэ теплъэгъуэхэр.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн. Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.