КъБР-м и Парламентым ирегъэкIуэкI республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и лэжьыгъэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэнымкIэ тхыгъэ нэхъыфIхэр щагъэбелджылыну конкурс. Ар КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуащ икIи Парламентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр щыгъуазэ зэращIыр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсащ.