Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ягу къагъэкIыж

Хабзэхъумэхэм я
ЩIыхь аллеем

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэ­жьа­кIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэ­зытахэр. Налшык ще­кIуэ­кIащ фэеплъ пэкIу.

Республикэм и мамы­рыгъэм зи гъащIэр щхьэу­зыхь хуэзыщIа лIыхъужь-хэм я фэеплъым пщIэ ­хуащIу абы кърихьэлIат ­КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ, министерствэхэмрэ ведомствэ­хэмрэ я лIыкIуэхэр, КъБР-м и къарузехьэ, хабзэхъумэ ­IэнатIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэ, дин, ветеран зэгу­хьэ­ныгъэхэм я лэ­жьа­кIуэхэр, республикэ МВД-м и уна­фэщIхэмрэ ветеранхэмрэ, хэкIуэда хабзэхъу­мэхэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек жи­Iащ:
- Нобэ мыбдежым дыщы­зэхуэсащ лIыгъэмрэ я къалэным зэрыхуэпэжымрэ ­къагъэлъагъуэу Къэбэрдей­-Балъкъэрым и мамыры­-гъэр зыхъума хабзэхъумэ ­IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм         я фэеплъым пщIэ хуэтщIыну. Ди республикэм апхуэдэ Iуэхугъуэ гуауэ зэи къыщремыхъуж. Тхэмытыжхэм я фэеплъыр нэху ирехъу.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ Къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь.
- Ди республикэм и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ я гъащIэр щIатащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 37-м. Нобэ дигу къыдогъэкIыж, я фэеплъым пщIэ худощI зи къалэным пэрыту хэкIуэдахэр. Илъэс 13 ипэкIэ къэхъуа Iуэхугъуэ гуауэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм мыкIуэ­дыжыну хатхащ. Дэ ахэр   зэи тщыгъупщэнукъым, сыт щы­гъуи ди гум илъынущ, тхузэфIэкI къэдгъанэр­-къым я фэеплъыр къэнэн папщIэ, - жиIащ минист-рым.
Ромашкин Игорь къы­хилъ­хьэри, хэкIуэдахэм я фэ­еплъым пщIэ хуащIу къы­зэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ.
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу ди республикэм и мамырыгъэмрэ зэ­пIэзэрыт щытыкIэмрэ яхъу­мэу зи гъащIэм емыблэжа хабзэхъумэхэр ягу къагъэ­кIыжу, я фэеплъым пщIэ ­хуащIу, хэщIыныгъэ зыгъуэ­та Iыхьлыхэмрэ благъэ­хэмрэ даIыгъыу къэпсэлъахэщ Экстремизмэмрэ торризмэмрэ пэщIэтынымкIэ «Уи унагъуэм мамырыгъэ илъыну» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI, КъБР-м и МВД-м и Жыла­гъуэ со­ветым хэт Шыбзы­хъуэ ­Сафудин, КъБР-м экст­ремиз­мэмрэ щIалэгъуалэ поли­тикэмрэ япыщIа лэ­жьы­гъэхэр щIыпIэхэм щы­­зэгъэуIунымкIэ и министр  Къуэшырокъуэ Залым, ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Чеченов Рустам. Къыхагъэщащ ди нобэми, къэкIуэнуми нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ма­мы­ры­гъэрэ зэгурыIуэ­­ныгъэрэ щы­тепщэныр зэ­рыарар, зэкъуэту абы сыт щыгъуи дыху­щIэкъун зэры­хуейр.

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дза­сэжь Хьэзрэталий хэкIуэдахэм тхьэ ­яхуелъэIуащ. Благочиннэ Бобы­лев Ва­лентини апхуэдэ Iуэхугъуэр зэфIигъэкIащ.
Фэеплъ пэкIум пащэу КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэ­гъуалэ центрым и волонтёрхэм мамырыгъэр яхъумэу къамыгъэ­зэжыну тхэкIыжахэм я фэеплъым и дамыгъэу шар хужь гъэпщахэр яутIыпщащ.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ-кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу, удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, мамыр зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъым.

ЛIыгъэм и дерс

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я Фэеплъ махуэм теухуа ЛIыгъэм и дерс щекIуэ­кIащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №9-м.
ШколакIуэхэм яхуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэ­ры­зэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и оперуполномо­ченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэрэ Урысей МВД-м и Управленэу ­Налшык къалэ щыIэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и майор Османов Мухьэрбийрэ. ХьэщIэхэм ныбжьыщIэхэм ягу къагъэкIы­-жащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къалэм къыщыхъуахэр.
- Дэ псоми тщIэн икIи тщыгъуп-­щэн хуейкъым Хэкум деж я къалэныр щагъэзащIэу дамэтелъ зе­зы­хьэ цIыхухэм къагъэлъэгъуа лIы­гъэр. Абыхэм я гъащIэр ­щIа­тащ ­Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм я мамырыгъэмрэ ­къэ­кIуэ­нумрэ, - къыхигъэщащ   Да­­выдовэ Ири­нэ.
Класс нэхъыжь школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ захуигъэзащ Османов Мухьэрбий.
- Ди лIыхъужьхэм къагъэлъэ­-гъуар Хэкур фIыуэ лъагъуным и щап­хъэшхуэщ, - къыхигъэщащ  абы.
ЗэIущIэм и кIэухым, полицей­-хэм я къэпсэлъэныгъэхэм едэIуа школакIуэхэр тепсэлъыхьащ я ­къулыкъур, дзэ къалэнхэр ягъэзащIэу хэкIуэда я Iыхьлыхэм.

Зэманыр
пэлъэщыркъым

Фэеплъ Iуэхугъуэхэр Бахъсэн щIыналъэми щыIащ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуахэр ягу ­къыщагъэкIыж махуэм Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм щекIуэкIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ Iуэхухэр. Абы хэтащ хэ­кIуэдахэм я Iыхьлыхэр, я лэжьэ­гъухэр, къудамэм и ветеранхэр, къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым, къалэ, район администрацэхэмрэ прокуратурэмрэ я лIы­кIуэхэр, школакIуэхэр.
Урысей МВД-м и «Бахъсэн» ­къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Хэжь Аслъэнбий жи-Iащ къулыкъукIэ я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда, я гъащIэм емыб­лэжу зэпIэзэрытыгъэмрэ мамы­рыгъэмрэ къызэзыгъэпэща я    ныбжьэгъухэм я фэеплъыр сыт щыгъуи хъумэныр я пщэ къы­зэ­рыдэхуэр.
- Абыхэм я хахуагъэмрэ ята тхьэрыIуэм зэрыхуэпэжымрэ щапхъэу дэ догъасэ щIэблэщIэр, - къыхигъэщащ Хэжьым.
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ, мамырыгъэр яхъумэу зи гъащIэр щIэзытахэм я фэеплъым и дамыгъэу шар хужь гъэпщахэр яутIып­щри фэеплъым деж удз гъэгъа-хэр щагъэтIылъащ.

Я фэеплъым пщIэ хуащI

Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ цIыху куэд зыхэт зэдэжэ. ЕкIуу къызэрагъэпэща спорт Iуэхугъуэ иным Лениным и проспектым къыт­ришат цIыху минищым нэб­лагъэ.
Iуэхум щIидзэным и пэ къихуэу Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим къы­хилъхьэри, ди лъахэм и мамырыгъэр бзаджащIэхэм щахъумэу хэ­кIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ.
Къалэ спорт Iуэхум жыджэру ­хэтащ сыт хуэдэ ныбжьми къриу­быдэ бахъсэндэсхэр. Абыхэм яхэтащ Бахъсэн къалэ округым и администрацэмрэ къалэ советым-рэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ ­зэ­гухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр, спортсменхэр, школакIуэхэмрэ егъэ­джакIуэхэмрэ, къызэрыгуэкI къалэдэсхэр. ГъэщIэгъуэну, узы­Iэпашэу уакIэлъыплъырт ныбжьы­щIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къа­кIэрымыхуу къажэ пенсионерхэм. Спортым сыт хуэдэ ныбжьри зэрыхэзагъэр наIуэт.
Iуэхур зэфIэкIыху, къалэм и уэрам нэхъыщхьэм щыплъыращ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм», полицэм, МЧС-м я лэжьакIуэхэр.
Фэеплъ зэдэжэм бахъсэндэс­хэм къыщагъэлъэгъуащ спортым зэрыхэзагъэр, гукъыдэжрэ дэрэ­жэгъуэрэ къаритащ

Нэхъыщхьэр
къагуроIуэ

Тырныауз къалэм щызэхэта ­щы­гъуэ пэкIум хэтащ щIыпIэ ­ад­министрацэм и Iэтащхьэ Зали­ха­нов Къанщоубийрэ муниципалитетым и лIыкIуэхэмрэ, Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэмкIэ и къудамэм и Жылагъуэ советым хэт Газаевэ Зухра, Iуащхьэмахуэ районым щыIэ ОВД-мрэ ­ВВ-мрэ я вете­ранхэр, хэкIуэда хабзэ­хъумэхэм я унагъуэхэм щыщ­хэр, къудамэм и унафэщIхэмрэ     лэ­жьа­кIуэхэмрэ, апхуэдэуи школа­кIуэ­хэр, районым щыпсэухэмрэ хьэ­щIэхэмрэ.
Я къалэн ягъэзащIэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэда къэ­-рал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я Фэеплъ махуэм ягу къагъэкIыжащ илъэс 13 и пэкIэ къэхъуахэр, я гъащIэм емыблэжу я къалэныр зыгъэзэщIа, я тхьэ­рыIуэм хуэпэжу хабзэр, ди лъахэм и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ зыхъума къудамэм и лэ­жьакIуэхэр.
Урысей МВД-м и къудамэу Iуащ­хьэмахуэ щIыналъэм щыIэм и ­унафэщI, полицэм и подполковник Скичко Сергей къыщыпсалъэм къы­хигъэщащ: «Дэ зэи тщы­гъуп­щэркъым я къалэнхэр ягъэ­защIэу хэкIуэдахэр, абыхэм я унагъуэхэм сыт щыгъуи ди нэIэ ятетыныр ди лэжьыгъэм къыгуэх имыIэу и Iы­хьэм и мызакъуэу, ар ди къалэнщ. Нэхъыщхьэр апхуэдэ гуауэхэр  къыт­рагъэзэжу къэмы­-­гъэ­­хъу­нырщ, ди республикэм, ­рай­оным щып­сэухэм я шына­гъуэншагъэмрэ и зэпIэзэрыты­ны­гъэмрэ къызэгъэ­пэ­щынырщ. Дэ дрогушхуэ ди лIы­хъужь­хэм. Абыхэм я фэеплъыр ­мы­кIуэ­дыжынщ, я щIыхьыр лъагэщ».

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.