КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр республикэм и Парламентым и Президиумым хэтхэмрэ депутат фракцэхэм я унафэщIхэмрэ яхуэзащ

КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и Президиумым хэтхэмрэ депутат фракцэхэм я унафэщIхэмрэ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур тэмэму зэрырахьэкIым, гъэ­зэщIакIуэ властым и органхэм зэра­дэлажьэм папщIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ зэгурыIуэу лэжьэн зэрыхуейр. Республикэм исхэм зэIухауэ епсэлъэныр, къигъэ­лъэгъуащ абы, экономикэмрэ социальнэ ­IэнатIэмрэ къыщытпэщыт къалэн нэхъы­щхьэхэр дэгъэкIынымкIэ хэкIыпIэ лъэщщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIи зедгъэужьын, япэкIэ дыкIуэтэн папщIэ, жиIащ КIуэкIуэм, дэ цIыхухэм я псалъэр зэхэтхыу, абыхэм я мурадхэмрэ я гугъуехьхэмрэ зэхэтщIыкIыу, я Iуэхухэр зэрыдэдгъэкIы­ным дыхущIэкъуу дыщытын хуейщ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, «Урысей зэкъуэт», «ЩхъуантIэхэр», «За­хуагъэ здэщыIэ Урысей», «ЛДПР», «КПРФ» парламент фракцэхэм я унафэщIхэу АфэщIагъуэ Михаил, Щхьэгъэпсо Сэфарбий, Азычэ Светланэ, Гриневич Валерий, Пащты Борис сымэ.
 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.