Статьи на кабардинском языке

СЫХЬЭТХЭМ Я КЪАРУР

ЦIыхум и гъащIэр иригъэтыншыну Iэмэпсымэ куэд къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, зэманыр зэрыпибжыкI Iэмалхэр. Пасэрейм япэщIыкIэ гъэр зэманкIэ игуэшащ, зы зэманыр мазэ бжыгъэкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ, икIэм-икIэжым, махуэр сыхьэт бжыгъэкIэ игуэшыжри, зэманыр къызэрилъытэ Iэпщэ, блын сыхьэтхэр къигупсысыжащ.

ЗЫГЪЭПСЭХУПIЭМ НЭХЪЫБЭ КЪОКIУАЛIЭ

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэхэм мы махуэхэм турист нэхъыбэ щыIащ. КIапсэ гъуэгухэм цIыху 6015-рэ зэпрашащ, ар процент 14-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ а щIыпIэм зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм нэхърэ. 
Езы Iуащхьэмахуэ лъапэ  цIыху мин 7,2-рэ щыIащ мы махуэхэм, бгыхэм тетащ цIыху миних.  

IЭНАТIЭМ И IУЭХУ ЗЫIУТЫМ ЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Правительствэм и Унэм щызэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и зыужьыныгъэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэмрэ. 

САМАРЭ И УЭРАМ ТЕАТРЫР ДИ ХЬЭЩIЭЩ

Налшык къалэм Абхъазым и утым мы махуэхэм Самарэ къикIа «Пластилиновый дождь» уэрам театрым щигъэлъэгъуащ «Белые сны», «Хранитель времени» перфомансхэр.
Фэилъхьэгъуэ хужь зыщыгъ артистхэм налшыкдэсхэм, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ. Гупым я унафэщI Захаровэ Анастасие зэрыжиIамкIэ, я спектаклхэр сыт хуэдэ ныбжьым итхэми яхуэгъэзащ икIи зэрыунагъуэу уеплъыну уасэншэщ.

ВИРУСХЭР МЫЛIЭ-МЫПСЭУЩ

ЩIэныгъэ

ЩIЫМАХУЭ СУРЭТХЭР

Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ "Платформа" институтым къыхилъхьащ Къэбэрдей-Балкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ Налшык къалэм щIымахуэм щызытрагъэха сурэтхэр Къэбэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм щыгъэлъэгъуэным теухуа Iуэхур. Ар зэрагъажьэрэ IуэхущIапIэм ягъэхьа сурэт нэхъыфI 50 къыхахащ.

Я ЛЪЭЩАГЪЫР КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм  къызэритамкIэ, Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Казаров Сурен и фэеплъу щытащ ар. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 200-м щIигъу.
 

УАЕ ДАДЭХЭР ЛЪАКЪУЭРЫГЪАЖЭКIЭ КЪЫЗЭДОЖЭ

Налшык къалэм ИлъэсыщIэм и япэ махуэр ирагъэжьащ Уае Дадэхэр лъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэу. Ар къызэригъэпэщащ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым.
​ЗэгурыIуэныгъэм и утым щрагъэжьащ а Iуэху хьэлэмэтыр. Лъакъуэрыгъажэ тес Уае Дадэхэм ЩоджэнцIыкIумрэ Къуэныкъуеймрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм къыщажыхьа нэужь, Абхъазым и утым екIуэлIэжащ.

ЗЫМИ КЪЫХУЭМЫХЬЭХУА IУАЩХЬЭ

ЩыIэщ зы Iуащхьэ закъуэ и щыгум зэи цIыху нэмысауэ, удэкIуеифынкIэ зы Iэмали щымыIэу. Гималайм щыIэ Кайлас Iуащхьэм апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэн, щэху куэд епхащи, пэжымрэ нэпцIымрэ пхузэхэгъэкIыжыркъым. Ар Эверест нэхърэ нэхъ лъахъшэми, и лъагагъыр километри 7-м нэмысми, зэ IуплъэгъуэкIэ удэкIыну мыгугъущэми, хэлъщ абы зыгуэр, узыбгъэдимыгъыхьэу, узримыгъэкIуалIэу.

КЪЭРАЛ ДАМЫГЪЭХЭР ЗЫХУАГЪЭФЭЩАХЭР

ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэр яритыжащ республикэм исхэм ящыщу зыпэрыт IэнатIэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ къыхэжаныкIа цIыху 42-м.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке