Статьи на кабардинском языке

ЩIЫIЭМ ФЫХУЭСАКЪ!

Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Апхуэдэщ синусит, гайморит жыхуэтIэри. Нэпкъым щIыIэ хыхьэу, шын ирищIа нэужь, уи щхьэр пхуемыгъэзыхыу, уеблэмэ бгъэхъеин къохьэлъэкIыу, уплъыржьэру, уи пэр къыпыжу ухъуамэ - ар гайморитщ. 

УДЗЫПЦIЭ УНАЩХЬЭХЭР

Норвегием щыIэщ зи унащхьэхэр удзыпцIэ дахэ лъапсэхэр. XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ Скандинавием «хъанцу (дёрн) унащхьэкIэ» зэджэхэр куэд дыдэу узыщрихьэлIэт. Абы щIымахуэм унэр хуабэу щигъэтт, гъэмахуэрати, къэмыплъу иIыгът. Ауэ хуабагъ-щIыIагъ тэмэмыр унэ кIуэцIым къызэрыщызэригъэпэщракъым удзыпцIэ унащхьэхэр къыщIагупсысам щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ щытар.

ГЪЭРХЭМКIЭ САТУ ЩIЭНЫМРЭ АДЫГЭХЭМРЭ

Зи арэзыныгъэ хэмылъу гъэрхэмкIэ сату щIэным хаша адыгэм дежкIэ ар, шэч хэмылъу, лъэпкъым и нэлат хъуащ. Адыгэ лъэпкъым иухуа дуней еплъыкIэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр къитIасэртэкъым икIи езым и жылагъуэ гъащIэм зэпымычу IэщIыб ищIырт.

ХЭКУПСЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩIэныгъэлI, дипломат цIэрыIуэ, къэралым и лэжьакIуэ пажэ, жылагъуэ узэщIакIуэ Емуз Анатолэ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ 1937 гъэм. Абы и нэгу щIэкIащ икIи зэхищIащ (а лъэхъэнэм халъхуа дэтхэнэ зы сабийми хуэдэу) Хэку зауэшхуэм и гуащIэмрэ гузэвэгъуэмрэ. Дауэ мыхъуами, Анатолэ щIэныгъэм и гур хузэIухауэ, дахагъэм хуэпабгъэу, фIым и телъхьэу къэтэджащ.

КУШЫКУПЩРЭ МЭТРЭ

 (япэ Iыхьэ)

         Ди лъэпкъым илъэс минхэм Iущыгъэу зэхуихьэсар къыхэкъузыкIыжауэ къызыхэщ адыгэ хъыбарыжьхэри уэрэдхэри хуэфащэу траухуащ зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна, Урыс-Кавказ зауэжьым лIыгъэшхуэ щызезыхьэу цIэрыIуэ хъуа Ажьджэр и къуэ Кушыкупщым.

Урысейм къыщыщIагъэкIхэр Китайм щагъэлъэгъуэнущ

«Урысейм щащIащ» фес­тиваль-жармыкIэр Китайм и илъэсыщIэ махуэшхуэхэм, щIышылэм и 27-м щегъэ­жьауэ мазаем и 5 пщIондэ,  а къэралым щекIуэкIынущ. Ляонин къалэм къыщызэрегъэпэщ жармыкIэм нэхъы­бэу щагъэлъэгъуэнур ди къэралым щащIа ерыскъыхэкIхэмрэ шхыныгъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэщ. 

Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и минис­терствэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэритамкIэ, Бахъ­сэн щIыналъэм хыхьэ Куба ­къуажэм щау­хуащ метр зэб­гъузэнатIэ 600-м нэблагъэ зыубыд амбулато­рэ­щIэ.

БГЪЭХЭIУХЭР

Пасэрей бгъэхэIухэр къыхащIыкIыу щытащ мывэм, къупщхьэм, пхъэм, къауцым. Ди зэманым щыIэщ бгъэхэIу зэмылIэужьыгъуэ куэд. АбыхэмкIэ щыгъынхэр, бзылъхугъэ къэлътмакъхэр, пыIэхэр ирагъэдахэн яфIэфIщ. БгъэхэIум къигъэлъэгъуэнкIэ хъунщ цIыхур зыхэт зэгухьэныгъэр е гупжьейр, уеблэмэ зыщыщ лъэпкъыр. БгъэхэIухэр къосэбэп щхьэж зыдихьэх Iуэхугъуэр къыхигъэщхьэхукIынымкIи.

ШЫПСЫРАНЭ СЫР

Шыпсыранэм и лъахъц кIыхьхэр щIым тыншу хокIэ. ИкIи абы псэупIэ ищIа щIыпIэм а къэкIыгъэр щыбгъэкIуэдыжыныр тыншкъым. Шыпсыранэр лIэужьыгъуэ 60 - у зэщхьэщагъэкI. Хэт нэхъ лъагэщ, хэт лъахъшэщ, хэти нэхъ сырщ, языныкъуэхэри укъимысыххэу дэгущ. Къапщтэмэ, шыпсыранэр гъэщIэгъуэнагъ куэд зыхэлъ къэкIыгъэщ.
- Шыпсыранэм укъес абы хъумпIэцIэдж кислота зэрыхэлъым щхьэкIэ. 

ЖЫГХЭМ Я ХЬЭЛ ЯIЭЖЩ

Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ абыхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ. Жыгхэм ядэплъагъу гъэщIэгъуэнагъым теухуа щапхъэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке