|
ЗЫГЪЭПСЭХУПIЭМ НЭХЪЫБЭ КЪОКIУАЛIЭ
9 января, 2024 - 06:23
«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэхэм мы махуэхэм турист нэхъыбэ щыIащ. КIапсэ гъуэгухэм цIыху 6015-рэ зэпрашащ, ар процент 14-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ а щIыпIэм зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм нэхърэ.
Езы Iуащхьэмахуэ лъапэ цIыху мин 7,2-рэ щыIащ мы махуэхэм, бгыхэм тетащ цIыху миних.
«Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтымрэ ди республикэмрэ зэгъусэу Урысейм и зыгъэпсэхупIэ нэхъ лъагэ дыдэм иджырей мардэхэм тету зрагъэужь. ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ зылъагъухэм мыгувэу иджыри зы гуфIэгъуэ къапоплъэ – къыщыбжыхь хъу зы щIыпIэ хэха иджыри къызэIуахынущ мы махуэхэм», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
|
07.05.2024 - 09:00 «Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI |
|
07.05.2024 - 09:00 (Хъыбар)
|
|
07.05.2024 - 08:59 Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ. |
|
06.05.2024 - 12:35 КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументальный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къызэрыщызэIуахрэ илъэс 90 зэрырикъум теухуар. |
|
06.05.2024 - 09:25 Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезыгъаджэ Жэрыщты Аринэ. |
|