Статьи на кабардинском языке

ЖАНКЪЕТРЭ ЕЩIЭНОКЪУЭ ЗЭШХЭМРЭ Я ХЪЫБАР

ЖанкъеткIэ еджэу зылI щыIэт. Хъыжьэт икIи шынэ жыхуаIэр ищIэртэкъым. Абы Талъостэхэ япхъу и щхьэгъусэт. Езыр зэман зыбжанэкIэ зекIуэ щыIауэ къыщысыжым, и унэм щIалэгъуалэ куэд щызэхэсу кърихьэлIэжащ. «Сыту пIэрэ мы щIалэгъуалэхэр зытепсэлъыхьыр?» – жиIэри занщIэу унэм къыщIэмыхьэжу тIэкIу зиIэжьащ, жаIэхэр зригъэщIэну.

НЭХЪЫФIХЭР ЯГЪЭПАЖЭ

Урысейм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъум, Урысейм и КъегъэлакIуэм и махуэм, 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм. 
 ЯпэщIыкIэ удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъым деж. 

ТЕХНИКЭЩIЭКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

ИлъэсыщIэ дызыпежьэм ирихьэлIэу Урысей МЧС-м къыбгъэдэкI автомашинэрэ мафIэс-къегъэлакIуэ техникэу 6 къаIэрыхьащ республикэм щыIэ и IуэхущIапIэм. 
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил техникэщIэм и сертификатхэр яритащ абы ирилэжьэнухэм. 

ШЭРЭДЖ АКЪУЖЬЫР МЭДЭХАЩIЭ…

Нало Ахьмэдхъан зылъэгъуам, и псэлъэкӀэ зэхэзыхам зэи щыгъупщэжынукъым. Ар цӀыху дахэт. И теплъэ къудейкӀэтэкъым зэрыдахэр. Ар дахэ щӀэхъукӀырт и акъылым, и дуней лъагъукӀэм, и цӀыху щӀыкӀэм. ЦӀыху нэсыр зыхилъхьэ щымыӀэу фӀыуэ илъагъурт, зэи имылъэгъуами, дилъэгъуа дахагъым къыхэкӀыу, зришалӀэу ӀэплӀэ хуищӀыфынут. Ауэ цӀыхугъэншагъэри хуэшэчыртэкъым.

ЩIЭРЫЩIЭУ КЪЫЗЭIУАХЫЖ

Тхылъыр зи Iэпэгъухэм ящIэ тхылъым уасэ зэримыIэр, ар фIыуэ зылъагъухэм уащыгугъ зэрыхъунур – апхуэдэхэр, зэрыхабзэщи, гупсысэхъуажэщ, зэхуэсыпIэ къалъыхъуэ. ЦIыхухэм я хъуэпсапIэм пэджэжу, Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьэри, Искож хьэблэм дэт, Ашуров Тэнэхьум и цIэр зезыхьэ уэрамым тет библиотекэм и лэжьыгъэр щIэрыщIэу игъэпсыжащ.

СЫХЬЭТХЭМ Я КЪАРУР

ЦIыхум и гъащIэр иригъэтыншыну Iэмэпсымэ куэд къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, зэманыр зэрыпибжыкI Iэмалхэр. Пасэрейм япэщIыкIэ гъэр зэманкIэ игуэшащ, зы зэманыр мазэ бжыгъэкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ, икIэм-икIэжым, махуэр сыхьэт бжыгъэкIэ игуэшыжри, зэманыр къызэрилъытэ Iэпщэ, блын сыхьэтхэр къигупсысыжащ.

ЗЫГЪЭПСЭХУПIЭМ НЭХЪЫБЭ КЪОКIУАЛIЭ

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэхэм мы махуэхэм турист нэхъыбэ щыIащ. КIапсэ гъуэгухэм цIыху 6015-рэ зэпрашащ, ар процент 14-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ а щIыпIэм зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм нэхърэ. 
Езы Iуащхьэмахуэ лъапэ  цIыху мин 7,2-рэ щыIащ мы махуэхэм, бгыхэм тетащ цIыху миних.  

IЭНАТIЭМ И IУЭХУ ЗЫIУТЫМ ЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Правительствэм и Унэм щызэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и зыужьыныгъэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэмрэ. 

САМАРЭ И УЭРАМ ТЕАТРЫР ДИ ХЬЭЩIЭЩ

Налшык къалэм Абхъазым и утым мы махуэхэм Самарэ къикIа «Пластилиновый дождь» уэрам театрым щигъэлъэгъуащ «Белые сны», «Хранитель времени» перфомансхэр.
Фэилъхьэгъуэ хужь зыщыгъ артистхэм налшыкдэсхэм, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ. Гупым я унафэщI Захаровэ Анастасие зэрыжиIамкIэ, я спектаклхэр сыт хуэдэ ныбжьым итхэми яхуэгъэзащ икIи зэрыунагъуэу уеплъыну уасэншэщ.

ВИРУСХЭР МЫЛIЭ-МЫПСЭУЩ

ЩIэныгъэ

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке