Статьи на кабардинском языке

ХАБЗЭХЪУМЭХЭР БЭЛЭРЫГЪЫНУКЪЫМ

УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и коллегием и зэхуэсым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ

СТУДЕНТХЭМ ЖЭРДЭМХЭР Я КУЭДЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэтауэ щагъэ­лъэ­пIащ Урысей студентыгъуэм и махуэр. Абы и щIыхькIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек ехъуэхъуащ ди щIыналъэм щыпсэу, щеджэ студентхэм. Республикэ унафэ­щIым къыхигъэщащ студентыгъуэ пIалъэр гъащIэм щыщ Iыхьэшхуэу зэрыщы­тыр, абы ирихьэлIэу цIыхум и хьэлыр зэры­зэфIэувэр, къыпэщылъ дунейр зэ­ры­хъунур зэриубзыхур.

ЛЭГЪУПЫКЪУР ТЕЛЪЫДЖЭЩ

Лэгъупыкъур уафэм къоувэ уэшх ткIуэпсхэр дыгъэпсым къыщыпэцIум деж. Япэ дыдэу абы хэт плъыфэхэр къриIуауэ щытащ инджылыз математик, физик, астроном Ньютон Исаак. Япэ щIыкIэ абы игъэщхьэхуащ плъыфитху: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щхъуэ, шакъафэ. ИужькIэ плъыфэхэм я бжыгъэр макъамэм и нотэхэм япэбжу къилъытащ. Лэгъупыкъур хъурейщ.

ЛЪЭНЫКЪУИТIМИ Я СЭБЭПЩ

Тэтэрстан Республикэм и вице-премьер Шайхразиев Василий зи пашэ къулыкъущIэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лIыкIуэхэм я пашэм икIи ди щIыналъэхэр зэрызэдэлэ­жьэнум тепсэлъыхьащ. 

МУРАДЫЩIЭХЭМ ХУАГЪЭУШ

Урысейм къыщыхалъхьа, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.

ХЬЭРШЫМ ЩАГЪЭУВА РЕКОРДХЭР

1961 гъэм, мэлыжьыхьым и 12-м Гагарин Юрий хьэршым ихьащ, дакъикъэ 108-кIи итащ. Ар хьэршым щагъэува япэ рекордт. Зэман дэкIри, абы епха рекордхэм я бжыгъэми хэхъуащ.

ЛIЭЩIЫГЪУЭ ЗИ НЫБЖЬ «АДЫГЭ МАКЪ»

Адыгэ Республикэм къы­щыдэкI «Адыгэ макъ» газетыр дунейм къытехьэн зэ­ры­щIидзэрэ илъэси 100 зэрырикъур 2023 гъэм игъэлъэпIащ. Абы теухуауэ ирагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм я кIэух зэIущIэт дыгъэгъазэм и иужьрей махуэхэм къызэрагъэпэщар. 

КЪБР-М И ЩIЫНАЛЪЭХЭМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Сымаджэщхэм егугъуу
Шэджэм щIыналъэм ХьэцIыкIу Анатолэ и цIэр зэрихьэу щыIэ сымаджэщыр иджырей мардэм къитIасэу мы гъэм зэрагъэпэщыжынущ. КъатиплIу зэтет а ухуэныгъэр 1980 гъэхэм къызэрызэIуах лъандэрэ абы апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIакъым. 
Шэджэм Ищхъэрэм, Нартан, Яныкъуей, Щхьэлыкъуэ къуажэхэм я амбулаториехэми апхуэдэу елэжьынущ. 

ХЬЭГЪУЭЛIЫГЪУЭР ДАХЭ ЩЫХЪУР

ЦIыхур щыIэхукIэ, унагъуэр псэухукIэ, хьэгъуэлIыгъуэри къадекIуэкIынущщ. Ар лъэпкъым и гъащIэм, и псэукIэм щыщ пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ абы и фащэщ, и гъуджэщ, и тхыдэщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке