Статьи на кабардинском языке

«СЫРИНЭМ» И АДЫГЭБЗЭМ ИХЬЭХУАХЭР

 Ди республикэм и «Сыринэ» щIалэгъуалэ гупыр «Театральная завалинка» урысейпсо зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ. Абы теухуа хъыбар ди газетым тетащ. Нобэ теддзэр а Iуэху дахэр зи нэгу щIэкIа Къанкъул Раисэ и тхыгъэщ.

Зэхыхьэр щызэхашар Москва областым и Одинцовэ районым хыхьэ Осоргино къуажэм Эсамбаев Мыхьмуд и цIэр зезыхьэу дэт зыгъэпсэхупIэрщ.

ИлъэсыщIэпежьэ

Налшык щагъэув япэ ИлъэсыщIэ псейхэр. Дыгъуасэ жьыуэ Абхъазым и утыкум псей IэрыщI дахэр зыIыгъыну гъущI конструкцэр щагъэуври, псей къудамэхэр дахащэу ирагъэубыдыжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм ар ягъэщIэрэщIэнущ. 

115-нэ шуудзэм и щIыхькIэ

Налшык, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щекIуэкIащ Къэбэрдей- Балъ­­къэрым и тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ. «ТекIуэныгъэ Иным и щIэблэр» Iуэхур къызэрагъэпэщащ «ЦIыхубэ фронтым» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ ­къудамэмрэ социощэнхабзэ проектхэмкIэ «Мирт» зэгухьэныгъэмрэ.

IУАЩХЬЭМАХУЭ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ зыбжанэм екIуалIэ, километрибл зи кIыхьагъ гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ щызэрагъэпэщыжащ.

Робот-хирургым и зэфIэкIыр инщ

Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм иджыблагъэ робот-операцэ хуащIащ Луганск ЦIыхубэ Республикэм щыщ пенсионерым.

Зэхыхьэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

Кавказ инвестицэ форумыр 2024 гъэм егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм я япэ зэIущIэм видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей ­Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Новак Александр. 

ЩIыналъэр къызэхакIухь

Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий жы­лэхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ къызэхикIу­хьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурорым и уна­фэр игъэзащIэкIэрэ икIи зригъэлъэгъуащ къэ­рал программэхэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ куейм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэр. Абы и гъусащ Тэрч куейм и про­курор НэгъэцIу Заур. 

ТХЫДЭДЖ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХУЭС

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Тхыдэр фIыуэ зылъагъу, ар куууэ зыджыну хуей щIалэгъуалэм Iэмал ягъуэтащ къэралми, щIыналъэми, жылагъуэхэми я блэкIам зэрыхащIыкI щIыкIэр утыку къащIыну, я щIэныгъэр здынэсыр IэщIагъэлIхэм ирагъэлъагъуну.

ЩIЭБЛЭР СПОРТЫМ ДРАГЪЭХЬЭХЫН МУРАДКIЭ

 Хъыбар гуапэ

Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №11-м иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Авангард» баскетбол клубыр. Абы и  къызэгъэпэщакIуэхэм я мурадщ а спорт лIэужьыгъуэм щIалэгъуалэр драгъэхьэхынымкIэ, я узыншагъэр ягъэбыдэнымкIэ а клубыр къагъэщхьэпэну.

ИТАЛИЕМ ДИ ЛЪЭПКЪ IУЭХУ ЩЫЗЭРАХЬЭ

Италием и Неаполь къалэм щыIэ Къуэ­кIыпIэ университетым иджыблагъэ зэIущIэ ще­кIуэ­кIащ.  Профессор Гуидо Капелли къызэригъэпэщащ «Адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ» зи фIэ­щыгъэцIэ семинарыр. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке