Статьи на кабардинском языке

ЦIЫХУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт, Хэку зауэшхуэм и щIэинхэм я музейм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуат Хэкум и ЛIыхъужьым и махуэм.

Журналистхэр ягу къагъэкIыж

Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэм, дыгъэгъазэм и 15-м, Урысей гвардием ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм Iуащхьэмахуэ куейм хыхьэ Терскол жылагъуэм щыгъуэ пэкIу щрагъэ­кIуэкIащ.

Сэлэтхэм папщIэ

«Сэлэтым деж кIуэ ­письмо» урысейпсо Iуэ­хум хыхьэу, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №33-м щеджэхэм Урысей гвардием и лэ­жьа­кIуэхэу дзэ къалэ­ныр езы­хьэкIхэм письмохэр хуатхащ. 

Ухуэныгъэхэр нагъэблагъэ

Псыхъурей жылэм дэт сабий садым ­«Къуажэхэм зегъэужьын» къэрал пэхуэ­щIэм хиубыдэу иращIылIэ лэжьыгъэхэр куэд мыщIэу зэфIагъэкIынущ.

ЩIЫНАЛЪЭ ДАХЭ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ – Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр.

Махуэшхуэхэр шынагъуэншэу екIуэкIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Террорым пэ­щIэ­тынымкIэ комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я къарур

КъБР-м и Парламентым щекIуэ­-кIащ республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэм епха щIалэгъуалэ советхэм я зэхыхьэ. Абы хэтащ КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ       и министр Лу Азэмэт, республикэм        и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэхэр.

КЪЭРАЛ ДАМЫГЪЭР ЗЫХУАГЪЭФЭЩАХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

Урысей Федерацэм лъэпкъ гвардиемкIэ и дзэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэм и унафэщI, генерал-полковник Захаров Сергей  Урысей гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къэрал дамыгъэхэр щаритыжащ ведомствэм и лэжьакIуэхэу зыпэрыт къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэм.

Апхуэдэу гупым яхуэупсащ зэрылэжьэн автомобилыщIэу 15-кIэ.

ЛЪЭМЫЖЫР КЪЫЗЭIУАХЫЖАЩ

«Кавказ» зи фIэщыгъэ Р-217 къэралпсо автомашинэ гъуэгум хыхьэ, Бахъсэн псыежэхым телъ лъэмыжыр зэрагъэпэщыжри, хуиту ущызекIуэ хъууэ иджыблагъэ къызэIуахыжащ. Абы икъук1э щыгуф1ык1ащ республикэм исхэри, 1уэхук1э ди деж къэк1уэн хуей хъухэри.

КЪЭБЭРДЕЙ ЖЭЩТЕУЭМ ИУЭРЭДЫМРЭ ХЪЫБАРЫМРЭ

Жэщтеуэмэ, уэр, и хъыбар пэжыр, аредэ, вжесIэнщ.
Ежьу: Уойра, уоу-рира!
Ежьу: Уойра, уо-нау рирэ, уоу-рирари!

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке