|
Статьи на кабардинском языке
15 июня, 2023 - 04:48
Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, СССР-м и юннат зэщIэхъееныгъэм и зэхэублакIуэу къалъытэр Москва дэт курыт школхэм ящыщ зым биологиемкIэ щезыгъэджа, иужьым Лениным и цIэр зезыхьэ къэрал педагогикэ институтым и профессор хъуа Всесвятский Борисрэ сабийхэм сытым щыгъуи псэ хьэлэлу ябгъэдэта дохутыр Iэзэ, щIыуэпсри фIыуэ зылъагъуу къекIуэкIа Русаков Иванрэщ.
15 июня, 2023 - 04:47
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 14 - 17-хэм Бытырбыху щекIуэкIыну «Экспофорум» дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтынущ.
14 июня, 2023 - 12:02
Каратэ
Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси 6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид.
Гуп-гупурэ зэпеуахэм ящыщу увыпIэ нэхъыщхьищыр яубыдащ Arashi_Team, Predator, Sparta гупхэм.
14 июня, 2023 - 09:25
Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр зэгъэпэщыжыным икIи егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэр зэрагъэзащIэр къахутэу Май икIи Тэрч щIыналъэхэм иджыблагъэ щыIащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викториерэ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ.
14 июня, 2023 - 06:10
«Жьым бжьэр IэщIэгъэуви, щIэм гъуэгу ет», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Бжьэр зыIэщIагъэувэ нэхъыжьым дунейр илъэгъуащ, и пIалъэ ещIэри, къигъэщIам елъытауэ хуэфащэ пщIэр ирагъэгъуэт, лъытэныгъэ ират. ЩIэм и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Игъуэ щынэскIэ бжьэр IэщIагъэувэн хуэдэу, нэхъыщIэм хуагъэфащэ гъуэгур захуэу икIуну къыпэщылъщ. Абы щхьэкIэ щIэм щапхъэ иIэн хуейщ.
14 июня, 2023 - 06:09
Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щIэныгъэлIхэр ящыщщ хьэршым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэщIым, Мазэм, и щIыIумрэ и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм.
13 июня, 2023 - 12:02
Осетие Ищхъэрэ - Аланием и мэзхэм хуиту щIаутIыпщхьа, Азие Гупэм щыщ щомыщитIым а республикэм и гъунапкъэхэр зэпаупщIащ.
13 июня, 2023 - 09:25
Мэкъуауэгъуэм и 12-р лъапIэ дыдэщ Урысей Федерацэм дежкIэ. Мы махуэм, 1990 гъэм, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутатхэм къащтащ Урысейр къэрал щхьэхуиту зэрыщытыр щIэзыгъэбыдэ декларацэр. 1991 гъэм ар цIыхухэм зыщагъэпсэху махуэу ягъэувауэ щытащ. 1992 гъэ лъандэрэ Урысейм и махуэу ягъэлъапIэ.
13 июня, 2023 - 07:01
Республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм щагъэлъапIэу УФ-м и цIыхум и паспортыр щратыжащ республикэм щыщ ныбжьыщIэ нэхъ жанхэм.
13 июня, 2023 - 06:24
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щатыжащ Урысей Федерацэм и цIыхум и дэфтэр нэхъыщхьэр - паспортыр. НыбжьыщIэхэм дэфтэрыр щыIэрагъэхьэжым къеблэгъащ полицэм и майор, КъБР-м и МВД-м Iэпхъуэшэпхъуэн IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэбэч Ислъам.
Страницы
|