ХЭКУМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭР

Мэкъуауэгъуэм и 12-р лъапIэ дыдэщ Урысей Федерацэм дежкIэ. Мы махуэм, 1990 гъэм, РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутатхэм къащтащ Урысейр къэрал щхьэхуиту зэрыщытыр щIэзыгъэбыдэ декларацэр. 1991 гъэм ар цIыхухэм зыщагъэпсэху махуэу ягъэувауэ щытащ. 1992 гъэ лъандэрэ Урысейм и махуэу ягъэлъапIэ. 

Урысейр къэралыгъуэ телъыджэщ: абы и тхыдэри, щIы­уэпсри, щэнхабзэри къулейщ. ЩIэныгъэр куэдкIэ ипэкIэ зыгъэ­кIуэта, къэхутэныгъэ гъуэзэджэхэмкIэ зи цIэр дуней псом щы­зыгъэIуа, гъуазджэмкIэ, спортымкIэ, медицинэмкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр къэзыгъэлъагъуэ цIыхухэмкIэ гъэнщIащ ар. Пэжу, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэIэт IуэхугъуэфIхэр къыддогъуэгуры­кIуэ. 
Урысейм и махуэшхуэм ирихьэлIэу, мы тхыгъэмкIэ дриплъэжынщ тхыдэм епха Iуэхугъуэхэм.
1. 19-нэ лIэщIыгъуэр къихьэху Урысейм иIакъым и гимн. Къэ­рал мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ псори «Гром победы, раздавайся!», «Коль славен наш Господь в Сионе» уэрэдыжьхэмкIэ къызэIуахырт. Урысейм и япэ гимныр 1816 гъэм ятхауэ щытащ, Великобританием и «God Save the King» гимным и макъамэр щIэту, абы Жуковский Василий и «Молитва русских» усэр щIэлъыжу. ИужьыIуэкIэ, пащтыхь Николай Езанэм и унафэкIэ, макъамэтх Львов Алексей итхащ гимныщIэ, «Молитва русских» усэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьауэ щIэту. Апхуэдэу къэу­нэхуащ «Боже, Царя храни!» гимныр. Аращ Мазае революцэр къэхъеиху Урысейм иIар. 
2. Дунейм нэхъ куу дыдэу тет метрор Санкт-Петербург и лъабжьэм щIэтщ. Ар метр 47-120-кIэ йох.
3. Уралым щыIэ, графит къыщыщIах Къэрэндащ Iуащхьэм нэ­хъыжь дунейм темыту къахутащ. Абы илъэс меларди 4-м щIигъу и ныбжьщ, ЩIым и ныбжьэгъущ. 
4. Дунейм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу тет Iэщэр – Калашниковым и автоматырщ. Ар къэрали 106-м щызэрахьэ, уеблэмэ Зимбабве, Мозамбик, Тимор КъуэкIыпIэм я къэрал ныпым тетщ абы и сурэт. КъызэрабжамкIэ, нобэкIэ дунейм щызэрахьэ Калашниковым и автомату мелуани 100-м щIигъу. 
5. Москва и Къэрал Университетым и унэр еджапIэ нэхъыщхьэу дунейм тетым я нэхъ лъагэ дыдэщ. Абы и къудамэ нэхъыщхьэм метр 240-рэ и лъагагъщ. КъищынэмыщIауэ, МГУ-м и унащхьэм тетщ Европэм и сыхьэт нэхъ ин дыдэр. Абы метри 8,74-рэ и бгъуагъщ. Университетым и къудамэ нэхъыщхьэр зэтралъхьэным и закъуэ гъущI тонн 40-рэ чырбыш мелуани 175-рэ ихьащ. 
6. Урысейм и къалэхэм я гербхэм псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр къыщыгъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, Саранск и гербым - бажэ, Нижний Новгород  щыхь тетщ. Ауэ урохьэлIэ укъэзыгъэу­Iэбжь сурэтхэми: Челябинск и гербым махъшэ тетщ! Ар къы­зыхэкIам теухуауэ хъыбар хьэлэмэтхэр щыIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, пасэрей зэманым а къалэмкIэ къыкIуэцIрыкIырт Данэ Лъа­гъуэр икIи бэзэрышхуэ щызэхэту щытагъэнущ. 
7. Дунейм и къалэ нэхъ щIыIэ дыдэри здэщыIэр Урысейрщ. Верхоянск жыхуаIэ къалэм щIыIэу градус 67,8-рэ къигъэлъэ­гъуа­уэ щытащ. Арагъэнщ абы нэхъ къалэ цIыкIу Урысейм зэримыIэр къызыхэкIари – абы цIыху 828-рэ дэсу аращ. 
8. Эрмитаж музейр зымыцIыху е а цIэр зэхэзымыха щыIэу къы­щIэкIынкъым. Ауэ абы цIыхухэм я закъуэкъым щылажьэр, атIэ джэду 50-м щIигъу щIэсщ, пэш щхьэхуэ яхухахауэ. Абыхэм я къа­лэн нэхъыщхьэр – дзыгъуэ къэубыдынырщ, икIи «пэшыр дзыгъуэхэм щызыхъумэ лэжьакIуэ» жиIэу кадр тхылъым итщ дэтхэнэри. ЗэрыжаIэмкIэ, Эрмитажым япэ дыдэу джэду къыщащтар Пётр Езанэм и зэманырщ. 
9. «Утро в сосновом лесу» зыфIищауэ Шишкин Иван итха сурэтым нэхъ цIэрыIуэ урысей гъуазджэм хэткъым. 
10. Урысейм щыIэщ гуэл нэхъ куу дыдэу дунейм тетыр. Дунейм нэхъ ин дыдэу тет псыхэр – Индыл, Тэн, Днепр, Енисей, Урал, Обь, Ганг, Ориноко, Амазонкэ, Темзэ, Сенэ, Одер псыхэр зэпымычу илъэс псокIэ зэхэбгъэлъадэмэ, Байкал хуэдиз хъуну аращ!
11. Урысейм и щIэныгъэлIхэрщ электрокъарукIэ лажьэ лам­поч­кэр, телевизорыр, микроскопыр, жьыхулъатэр, бомбардировщикыр, видеомагнитафоныр, тракторыр, сурэт щхъуэ­кIэп­лъыкIэр, гу IэрыщIыр, бензинкIэ лажьэ двигателыр, гуэдз зэры­Iуахыж машинэр, автоматыр, гъущI зэрызэпагъавэ Iэмэпсымэр, хьэфэр, противогазыр, химием и пкъыгъуэхэр къэзыгъэнахуэ таблицэр, псы лъабжьэкIэ зекIуэ кхъуафэжьейр, миномёт, парашют, нэгъуэщI куэди къэзыгупсысар. 
12.  Дуней псом къыщацIыху Тетрис компьютер джэгур 1985 гъэм зытхар урыс программист Пажитнов Алексейщ. 
Илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 12-м Урысейм егъэлъапIэ и къэралыгъуэр. А махуэм и мызакъуэу, сытым дежи дигу илъыпхъэщ ди хэкушхуэр къэралыгъуэм хуэзыша, дуней псом и цIэр щызыгъэIуа цIыху телъыджэхэмрэ хъумэн хуей хугъуэфIы­гъуэхэмрэ. 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.