НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХЬЭЗЭХУЭКаратэ Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси 6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид. Гуп-гупурэ зэпеуахэм ящыщу увыпIэ нэхъыщхьищыр яубыдащ Arashi_Team, Predator, Sparta гупхэм. Спортсменхэр зэрагъэхьэзырам, апхуэдэуи я гъэсэнхэм каратэмкIэ ехъулIэныгъэхэр Урысейм, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм къызэрыщахьам папщIэ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ тренерхэу: Шахмурзаев Шахмурзэ, Майрамуков Казбек, ДыщэкI Мухьэмэд, КIэш Даут, Мэкъуауэ Алан сымэ. НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|