Статьи на кабардинском языке

АРУАН КЪУАЖЭМ ДЭТ ЕДЖАПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Аруан (Мысостей) къуажэм дэт, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, дызэрыт илъэсым унэр зыхуей хуагъэзэжын, и кIуэцIыр къагъэщIэрэщIэжын хуейуэ къапэщылъщ.

СУРЭТЫЩI НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР

Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр. 

КАДЕТХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

рысей гвардием и Управленэу КъБР-м  щыIэм  и лэжьакIуэхэр  ехъуэхъуащ  я нэIэ  зытет, Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и кадет классым щIэсхэм – абыхэм  гъэ еджэгъуэр къаухам и мызакъуэу, класс нэхъыжьхэм кIуащ.

АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭ

«Пушкиным и картэ» урысейпсо щэнхабзэ проектым и фIыгъэкIэ, КъБКъУ-м и студентхэм накъыгъэм и 30-м Iэмал яIащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым и концертым еплъыну. 

САБИИГЪУЭМ – ХУЭФЭЩЭН ГУЛЪЫТЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щэбэт щIыхьэху иджыблагъэ щIыналъэм щрагъэкIуэкIащ.

ПСЫЩIЭГЪЭЛЪАДЭМ И МАХУЭ

Мыр, мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм хуэзэу, ди къэралым гъэ къэс щагъэлъапIэ мэкъумэшым пыщIа, абы зи гуащIэ езыхьэлIэ  псоми. Апхуэдэхэм ящыщщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, агрономхэр, инженерхэр, щIым епха IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, абыхэм щылажьэ цIыху къызэрыгуэкIхэр.    

ЕЗЫМ ХУЭДЭХЭМ ЙOФIЭКI

«Пятница» телеканалым щекIуэкI «Псом нэхърэ нэхъ Iущ» нэтыным хэтащ Налшык щыщ Щэрдан Рэмэзан.

УРЫСЕЙМ ТЕУХУА ТХЫЛЪ НЭХЪЫФI

Мэкъуауэгъуэм и 6-м Москва щызэхуащIыжащ «Ут Плъыжь» зи фIэщыгъэ IX тхылъ фестивалыр. Абы къалащхьэм щызэхуишэсат тхылъ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэ куэдым я лIыкIуэхэр.

ХЬЭХ СЭФАРБИЙ И ФЭЕПЛЪУ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Кэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист Хьэх Сэфарбий къызэралъхурэ илъэс ­85-рэ зэрырикъум теухуа фэ­еплъ зэпеуэ.

РАДИО ЦIЭРЫIУЭМ И ВАГЪУЭХЭР

«ТIэкIу укъыкIэрыхуащ, Залинэ, дэ ар зэрытлъагъурэ куэд щIащ» - къызжезыIэни щыIэнщ си къалэмыр къызыхуэсщтар къыщащIэкIэ. Ар иджыблагъэ сызрихьэлIэу сызэплъа, Москва щекIуэкIа «Черкес ФМ-м и ­вагъуэхэр» зи фIэщыгъэ концерт инырщ икIи дахащэрщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке