КЪЭРАЛ ГИМНЫМ ЩIЭТУ

Республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм щагъэлъапIэу УФ-м и цIыхум и паспортыр щратыжащ республикэм щыщ ныбжьыщIэ нэхъ жанхэм. Абы хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэрэ и къуэ­дзэ Жанатаев Сэлимрэ, ЩэнхабзэмкIэ, граждан зэгухьэны­гъэм­рэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI ­Къумал ­Заурбэч, КъБР-м и МВД-м Iэп­­хъуэ­шэпхъуэ­нымкIэ и управленэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Къэрэнашэ Аслъэн сы­мэ. 

- Си гуапэщ КъБР-м и Парламентым ныбжьыщIэхэр фыкъызэреблэгъар. Нобэ фэркIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщ - Урысейм и цIыхуу фызэрыщытым щыхьэт техъуэ дэфтэрыр къы­ф­Iэрохьэж. ДяпэкIэ балигъыпIэ фоувэри, адэ-анэм, Iыхьлыхэм, республикэм, къэралым я пащхьэ жэуап зэрыщыфхьыр къывгурыIуэн хуейщ. Хуитыныгъэхэри къалэнхэри фиIэщ. Паспортыр къыфIэрохьэж Урысей Федерацэм и махуэ лъапIэм и пэ къихуэу. Абы и мыхьэнэри къывгурыIуэну сыхуейщ. Махуэ лъапIэм гъунэгъу дызэхуещI къэралым и цIыхухэр. Псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди хэкум нэхъри ефIэкIуэным щхьэж тхузэфIэкI хэтлъхьэну. Дыхуейщ ди Урысейр нэхъри лъэщ хъуну, зиужьыну. НыбжьыщIэхэр хэкупсэу фы­щы­тыным куэд елъытыжащ. Феджэ, фи зэхэщIыкIым хэвгъахъуэ, фи гупсысэкIэм зевгъэужь, фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъэвгъэлъагъуэ. ФIыуэ флъагъу Хэкур! - захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм Егоровэ Татьянэ. 
Жанатаев Сэлим паспортыр зыIэрыхьэжхэм ехъуэхъуащ ар угъурлы яхуэхъуну, пщIэ хуащIыну. 
- Нобэ щегъэжьауэ къэралым и цIыху балигъ фыхъуащ – Урысей Федерацэм фрицIыхущ. ДяпэкIэ фи гупсысэ фиIэжу, фхуэгъэкъаруун хуэдиз Iуэху къызэвгъэпэщыфу, хуей хъумэ, зыгуэркIэ жэуап фхьыуэ фыщытынущ. Абы папщIэ фIыуэ феджэн, куэд зэвгъэщIэн хуейщ. А псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр фщIэрэ?! ЦIыху гуапэу фыщытынырщ! – жиIащ абы. 
- Псом япэрауэ, узыншагъэ быдэ фиIэну сыфхуохъуахъуэ! Мурадхэр вгъэув, хэлъэт зыхэвгъэлъ, жыджэру IуэхуфIхэм зефп­щытыф, фIы фщIэф, пэжым фытет - УФ-м и цIыху нэсу фыпсэу! - яжриIащ школакIуэхэм Къэрэнашэ Аслъэн. 
Къумал Заурбэч КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым фIыщIэ хуищIащ паспорт зы­Iэрыхьэжхэм псалъэ гуапэхэр яжриIэурэ илъэс къэс зэригъэгушхуэм щхьэкIэ. НыбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ дэф­тэр лъапIэр къыщратыжа махуэр игъащIэкIэ я гум ираубыдэну.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ныб­жьыщIэхэм иратыж паспортхэм мы гъэм япэу КъБР-м и Парламентым и мыхъур зэрытрагъэуар. ДяпэкIэ ар хабзэ дахэ ­хъуну ди гуапэщ. А тхылъыр абы фэркIэ нэхъри лъапIэ ещI, - жиIащ абы. 
Парламентым хэтхэм школакIуэхэм къабгъэдэкIыу фIы­щIэ яхуищIащ Аппаевэ Жаннетэ.
- Мамырыгъэ, гуапагъэ, дэрэ­жэгъуэ фиIэну сыфхуохъуахъуэ Урысей Федерацэм и махуэ лъапIэм и щIыхькIэ. ДэркIэ пщIэш­хуэщ нобэ Парламентым ды­къеблагъэу паспорт къызэ­ры­тIэрыхьэжар. Дэтхэнэ цIыхум и дежкIи ар дэфтэр нэхъ лъапIэ дыдэщ. ДяпэкIэ паспорт зэрызетхьэнум къокI къэралым и Конституцэм дытетыну къызэрыттехуэр, хуитыныгъэхэр дызэриIэр, къалэн щхьэхуэхэр дгъэзэщIэн зэрыхуейр. Къэрал Iуэхухэм жы­джэру дыхэтыну, зэрыхъукIэ жылагъуэ гъащIэм дыхэлэ­жьыхьыну ди мурадщ. Сэри си ныбжьэгъухэми къыдбгъэдэкIыу фыкъызогъэгугъэ УФ-м и цIыхум и пщэ къыдэхуэхэр нэсу зэрыдгъэзэщIэным иужь дитыну, фыкъызэрытщыгугъхэмкIэ фыдмыгъэщIэхъуну, - жиIащ ныбжьы­щIэм. 
Iуэхум и кIэухыу Урысей Федерацэм и гимныр КъБР-м и Парламентым къыщеуащ, школа­кIуэхэри абы дежьууащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.