ШЭДЖЭМ ДЭТ ФЭЕПЛЪХЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«Жьым бжьэр IэщIэгъэуви, щIэм гъуэгу ет», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Бжьэр зыIэщIагъэувэ нэхъыжьым дунейр илъэгъуащ, и пIалъэ ещIэри, къигъэщIам елъытауэ хуэфащэ пщIэр ирагъэгъуэт, лъытэныгъэ ират. ЩIэм и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Игъуэ щынэскIэ бжьэр IэщIагъэувэн хуэдэу, нэхъыщIэм хуагъэфащэ гъуэгур захуэу икIуну къыпэщылъщ. Абы щхьэкIэ щIэм щапхъэ иIэн хуейщ. ЦIыхум и ныбжьым щызэблэкI къэхъукъащIэ бзаджэхэм щIэблэм дерс къыхихыфмэ, ахэр къэмыхъун папщIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтмэ, лъапIэныгъэ щихуэжын и гъащIэм Iэмалыншэу къыхуихуэнущ. Нэ илъагъу Iэ ещIэж, жыхуаIэращи, пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу адыгэм къелъытэ япэ ищахэм я кхъащхьэхэр гъэкъэбзэныр, ахэр къыхэгъэщыжыныр, зэпэщу зехьэныр.

«ЦIыхур зауэ-банэ хэтын хуейкъым, гъащIэм и мыхьэнэр зэрыиныр, мамырыгъэм и уасэр зыхуэдизыр къыгурыIуэн папщIэ. Ар зыхозыгъащIэ Iуэхугъуэр куэд дыдэ мэхъу. Нэхъыжьхэр псэуху, мамыр псэукIэр зэрылъапIэ дыдэр я хъыбархэмкIэ зыбогъащIэ, ахэр пщхьэщыкIа нэужь, гум ихъумэ хъыбархэмрэ къащIэна фэеплъхэмкIэ зыхыбощIэ. Хэку зауэшхуэр зылъэмыIэса унагъуэ хэгъэгум искъым – псоми хэщIыныгъэ къахуихьащ, нэпс щIаригъэгъэкIащ, гугъуехь хигъэтащ. Зауэм цIыхур зыхидза нэщIэбжьэр къэмыгъэхъуным зи гуащIэрэ зи лъэкIрэ езыхьэлIэращ унэнур, щхьэ шхыгъуэ ихуэнур», – мис мыпхуэдэ псалъэмакъ дахэ ирагъэкIуэкIырт Шэджэм къалэм дэт фэеплъыр зэрызэрагъэпэщыжым кIэлъыплъ егъэджакIуэ бзылъхугъитIым. Я IэнатIэм хуэпэжу, щIалэгъуалэм я къэкIуэным хуэсакъ егъэджакIуитIым я уэршэрым пщэдейрей махуэхэм теухуауэ дызыхущIэкъу-дызыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэми мыхьэнэ зэраIэр ди фIэщ ящIырт, къару къытхалъхьэрт.

Пэж дыдэу, щIэх-щIэхыурэ ди щIыналъэм къалэ-къалэкIэрэ, къуажэ-къуажэкIэрэ дэт фэеплъ мывэскъархэр зэрызэрагъэпэщыжым я хъыбар зэхыдох. Лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, гъэсэныгъэмкIи, псэкупсэ зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ инхэр фэеплъхэм деж щрагъэкIуэкI, жылагъуэ зэхэтыкIэр иригъэфIакIуэу, щIэблэ узыншэр къызэщIиIэтэу. Шэджэм къалэм дэт фэеплъ щIыпIэм дауэдапщэ щемыкIуэкIыу зы илъэси блэкIыркъым Уеблэмэ, ар къалэр къызэрацIыхуж дамыгъэ хъуащ, жыпIэмэ, пцIы хъунукъым. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным ятеухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ зэрекIуэкIым кIэлъыплъыр ар зи пщэрылъ къулыкъущIэхэм я закъуэкъым, къызэрыщIэкIамкIэ, цIыхубэми мыхьэнэшхуэ ират.

Фэеплъым телъ лэчыжьыр трахауэ, ар зытет лъабжьэр ягъэбыдэ мы махуэхэм. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы дяпэкIэ тракIэжыну иIэгъэр жьыбгъэм ипхъэхынукъым, дуней уэтIпсытIми и зэран иригъэкIынукъым. Абы иужькIэ фэеплъым и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІынущ, тетІысхьэпІэхэр ягъэувынущ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысынущ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд мыщІэу ягъэувыну я гугъэщ. КъищынэмыщIауэ, мывэскъарым тет тхыгъэр къагъэщIэрэщIэжынущ, Мыужьых мафIэр зэрыт фалъэри нэхъ ин ящIынущ.

Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Лэжьыгъэхэр 2023 гъэм и шыщхьэуIу мазэ пщIондэ зэфIагъэкІыну я мурадщ. Къалэдэсхэм пщIэ зыхуащI фэеплъыр щIэблэм я гур мамырыгъэм хуэзыгъэуш щIыпIэ хъуну дыщогугъ.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.