ДУНЕЙПСО ЗЭIУЩIЭМ ХЭТЫНУЩ

КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 14 - 17-хэм Бытырбыху щекIуэкIыну «Экспофорум» дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы хэтынущ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щыIэ Быкъыш Ратмир, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, «КъБР-м зиужьынымкIэ корпорацэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Чочаев Ахъмэт сымэ.
Абыхэм КъБР-м и жылагъуэ экономикэр къэIэтыным хуэунэтIауэ Iуэхугъуэ зыбжанэ зэфIахыну я гугъэщ. Апхуэдэу Коми Республикэм, Мэзкуу къалэм и Правительствэм, Киров щIыналъэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэнущ, щIэныгъэ, экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэным хуэунэтIауэ. Абы къищынэмыщIауэ, Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм дэт, «Мэшыкъуэ» зи фIэщыгъэ урысейпсо щIэныгъэ центрым зэрыдэлэжьэну программэр ягъэпсынущ, ди щIыналъэм ит IуэхущIапIэхэр центрым къигъэув Iуэхугъуэхэм жыджэру хыхьэ зэрыхъунум тепсэлъыхьынущ. Мыхьэнэшхуэ иIэнущ «Урысейм технопаркхэмрэ кластерхэмрэ зыщегъэужьынымкIэ зэгухьэныгъэм» иращIылIэну зэгурыIуэныгъэми. Абы щIыналъэхэм я инфраструктурэм зиужьынымкIэ бгъэдэлъ зэфIэкIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхьын зэрыхуеймкIэ псори зэдэарэзыщ.
Махуэ зыбжанэкIэ Бытырбыху щекIуэкIыну экономикэ зэхуэсым хэтынухэр Iэнэ хъурей зыбжанэм я лэжьыгъэм, къэралымрэ щIыналъэхэмрэ я зыужьыныгъэм ехьэлIауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэныкъуэкъу утыкухэм хыхьэнущ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Советым и зэIущIэ убгъуам хэтынущ, «Экономикэмрэ финансхэмрэ», «Энергетикэ» зыфIаща унэтIыныгъэхэм къыщыпсэлъэнущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэIущIэм къыщыпсэлъэнущ УФ-м и Президент Путин Владимир.
Къыхэгъэщын хуейщ Бытырбыху щызэхашэ дунейпсо экономикэ зэхуэсыр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа, къэрал куэдым я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэу зэрыщытыр. Зэхуэсыр къызэрыунэхурэ блэкIа илъэс 25-м къриубыдэу къыщаIэт Iуэхугъуэхэмрэ ахэр гъащIэм хэпщэным ехьэлIауэ къыхалъхьэ жэрдэмхэмкIэ утыкушхуэ хъуащ, дунейпсо экономикэм и гъэшыкIэ-гъэзапIэхэр щызэпкърах, технологиемрэ промышленностымрэ къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэмрэ къыщыхалъхьэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэгъэсэбэпыным теухуауэ псалъэмакъхэр щрагъэкIуэкI щIэнIуэтапIэ нэсу зыкъигъэлъэгъуащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.